Кавказым и къуэ щыпкъэ! Ди Къанщауэ!

ГуащIафIэу, шэрджэс щIылъэм и ХэкулIт!
Псэ къабзэт Арэшыкъуэхэ Къанщауэ!
Адыгэ лъэпкъыр зэрыгушхуэ адыгэлIт!
Кавказым и къуэ щыпкъэт, ди Къанщауэ!

И гъащIэр гуащIэдэкIым тезухуа
Къанщауэ, и пщIэр лъагэу къытхэтащ!
Илъэс пщыкIутхум зауэр згъэунэхуа,
ИфI – дахэ, куэду, цIыхухэм ираIуащ!

Ехьами гугъу, зауэ нэужь лъэхъэнэм,
И унафэщIу хъызмэтышхуэм щытыгъащ.
ЗэфIэувэж къэралым зыщIигъакъуэу,
Илъэс тIощIитIкIэ лъэпкъ пэрыту ар щытащ.

Зи Iэгу зи Iэнэу, зи шыгъу-пIастэ IэфI!
Зи лъэпкъ зыгъэбжьыфIэу дэбжьыфIа ХэкулI!
Зи Хэку зыгъэлъапIэу лъапIэ хъуа цIыхуфI!
Къанщауэ, нобикI къыпхуэныкъуэщ ди адыгэр!

Къанщауэ, къыпхуэныкъуэщ ди адыгэр -
Жылагъуэр къыдэпхьэхыу упсэуащ!
ЗифI жыжьэ Iуа нэхъыжьу дыропагэ,
Уи гъащIэ щапхъэм! Гъуэгугъэлъагъуэ ар тхуэхъуащ!

Адыгэ лъэпкъыр зэрыгушхуэ адыгэлI!
Кавказым и къуэ щыпкъэ! Ди Къанщауэ!
ГуащIафIэу, шэрджэс щIылъэм и ХэкулI!
Псэ къабзэу, Арэшыкъуэхэ Къанщауэ!

@Гъуэщокъуэ-Жумай Мадинэ

Арэшыкъуэ Къанщауэ Мыр-зэбэч и къуэр дунейм тетыхун щымыгъупщэу, и нэгум щIэту къекIуэкIащ ди лъахэм бийр щита гъэхэр. Апщыгъуэм щегъэжьауэ ар ТекIуэныгъэм хуэпэбгъащ, и къуажэгъухэм ящIыгъуу Дзэ Плъыжьым дэIэпыкъуныгъэхэр хузэхуихьэсу. Апхуэдэ зэхуэхьэсыгъуэ гуэрым къекIуэлIа ахъшэмкIэ зауэм тегъэпсыхьа кхъухьлъатэ «кукурузник», ерыскъыхэкI, Сталинград и хъумакIуэхэр зыхуэныкъуэ хьэпшып зэхуэмыдэхэр къащэхуауэ щытащ.
Хэку зауэшхуэм щыгъуэ ТекIуэныгъэ Иныр къэгъэгъунэгъуным хуэлэжьауэ тылым псэемыблэжу Iутахэм ящыщщ Арэшыкъуэ Къанщауэ. Езыр зауэ дыдэм Iумытами, и къуажэгъухэр, цIыхубэр ТекIуэныгъэм, фIэщхъуныгъэ быдэр ядиIыгъыу, ***шащ. Абы и щыхьэтщ къэралым къыхуигъэфэща нагъыщэхэмрэ щIыхьыцIэхэмрэ: Октябрь революцэм, ГуащIэдэкI Нып Плъыжьым я орденхэм я кавалерщ, «Знак Почёта»-м и зехьакIуэщ, «За трудовую доблесть» медалыр, нэгъуэщI куэди къыхуагъэфэщащ илъэс зэхуэмыдэхэм.
Арэшыкъуэ Къанщауэ илъэс 15-т зэрыхъуар, Къэрэшей-Черкесыр нэмыцэ фашистхэм къыIэщIахыжу, лэжьэн щыщIидзам.


Рецензии