Уей, си адыгэ, си лъэпкъ!

НэхъыжьыфI хъуэхъухэр бзэрабзэу,
Гущэ уэрэдхэр жьгъырууэ,
Нартыжь и щапхъэр ди хабзэм,
Анэдэлъхубзэр мыкIуэд!

Щ1алэхэр бланэ шууейуэ,
Адыгэ фащэ ящыгъхэу,
Ди пщащэхэр Сэтэнеймэ,
Ди хабзэ гуакIуэр мыкIуэд!

Дунейм намысыр щылъагэу,
Пшынэбзэр аузым щыпсалъэу,
Пщащэхэр джэгухэм щыпагэм,
Ц1ыхугъэ дахэр мыкIуэд!

Мурад нэхъыфIхэр ди плъапIэу,
Гупщысэ куур ди Iэпэгъуу,
Псапэ лэжьыныр ди гуапэм,
Дэлъынщ бэрэчэтыр ди жьэгу,
ЩыжаIэу сабийхэм уэрэд!

@Гъуэщокъуэ-Жумай Мадинэ


Рецензии