Ди лъэпкъым ар къалъытэкъым усак1уэу

"Ди лъэпкъым ар къалъытэкъым усак1уэу, –
Си щ1ыбк1э къысхужа1эу зэхызох.
Яц1ыхуу щытми зэрыусэр гуак1уэу,
Гулъытэ щ1агъуэ хуащ1къым", – къысхуа1уэху.

Сыт сэ слъэк1ын?! Аращ адыгэ «хабзэр» -
Л1ыхъужьхэр, зэчииф1эхэр яуб.
Ф1ы гуэрк1э къахэщар шэрэзк1э ябзыр,
Шэ ф1ыц1эу и лъэнк1ап1эр хущ1ауд.

Уапэлъэщын?! Аращ ц1ыхуц1э «хабзэр» -
Зэчийуэ хэт ябжар тетыху дунейм?!..
Сыкъамылъытэнэми пытыхук1э си псэр,
Схужа1эжынщ ф1ы гуэр адрей дунейм.

@Гъуэщокъуэ-Жумай Мадинэ


Рецензии