Ц1ыху зэхуэщытык1эр согъэщ1агъуэ
Сыту дуней тетык1э гуауэщхьэуэ-
Пэжыр ипэ ирагъэщкъым щ1агъуэ,
Ер и ф1эщу Ф1ым йолъэдэкъауэ.
Согъэщ1агъуэ ц1ыху дуней тетык1эр -
Ирагъэщыр япэ Е щытык1эр!
Ц1ыху фейцейхэм 1ущхэм ящ1 я жагъуэ,
Сэбэп ящ1эм щ1ырагъэхур 1угъуэ.
Согъэщ1агъуэ ц1ыху дуней тетык1эр -
Ф1ым и лъакъуэр хущ1еуд Нэхъык1эм.
Къэунэхуауэ щытмэ лъагъуныгъэр,
Егъэунк1ыф1, ар ху*ешэ закъуэныгъэм.
Ц1ыху дуней тетык1эр согъэщ1агъуэ:
Т1эк1у уеф1эк1мэ уи ф1ыр пщащ1 мыгъуагъэ.
Ауэ си1эщ нобэк1э зы плъап1э -
Псэ хьэлэл ц1ыхуф1хэр си гугъап1эщ.
Мэк1эрахъуэ дунейр къызэрыхъурэ,
Тщогъупщэжыр нарт нэщэнэ куэд.
Кхъы1э, псапэр, гуапэр ди лъэужьу,
Адыгагъэр дывмыгъэгъэк1уэд!
@Гъуэщокъуэ-Жумай Мадинэ
Свидетельство о публикации №126070606332