Тетщ бжэнми жьак1э
Блэк1ащ пщ1э хуащ1у щыщыта чэзур
Ц1ыхубзым. Куэдым ирагъэщхьт ар бзум.
А щэныр лъэпкъыжь хабзэм къыбгъэдэк1т,
Бзылъхугъэм и пщ1эр хабзэу хъуам яф1эк1т.
Утыкур нобэ къалъысащи мылъхуэс «жьак1эм»,
Езыхэр мыгъэсауэ дэ дагъасэ!
Цlыхухъуу аркъым зытет псори жьакlэ -
Тетщ бжэнми, бацэу, а зи гугъу тщ1ы жьак1эр.
Зэщ1эуфэжауэ нэк1ухэр, «шыпхъухэм» к1эр ялъэф,
Адыгэ пщащэ-фащэм и фэр иракъухь.
«Къуэш» «бэлыхь лажьэхэм» гын ф1ейм «зырагъэлъэф»,
Зэ1ащ1э лъэпкъыр - зэхагъэзэрыхь!
Зэ1ащ1э хабзэр, бзыпхъэр ящ1 пхъэнк1ий,
Лъэпкъ гущ1эм зызэпегъазэ - ар мэк1ий.
Ди Тхьэшхуэ! Дин ислъамыр ягъэпуд!
Арып бостейм - езыхэр егъэпуд.
Ахуэдэхэр ди лъэпкъхэми къахок1,
Арыпми зэрамыпэсу гъэхэр блок1.
Адыгэу зызыбжыжхэр дызэкъуэтынщ!
Тлъытэнщ! Дэ Тхьэ нарт хабзэр ди щ1эинщ!
*Мылъхуэс - недоносок, нэмысу къалъхуа сымаджэ сабий
@Гъуэщокъуэ-Жумай Мадинэ
Свидетельство о публикации №126070305936