Жыг хадэжьхэр
Нарт жыгыжьхэр, жыг хадэжьхэр,
Лъэпкъ гукъеуэм и щыхьэтщ.
Адэжь лъахэ жыг хадэжьхэр
Гупсысэшхуэ сыт щыгъуи хэтщ.
Лъабжьэжь быдэхэм заужьу,
Тхьэпэ ц1ык1ухэр 1ущэщэхт.
Къыщелам Кавказ зауэжьым -
Пщ1ащэр нэпсу къещэщэхт.
Жыг хадэжьхэм я лъэужьхэр, ,
Нобик1 псэущ - я1утщ нартыгу.
Жыг хадэщ1эу нарт жыгыжьхэм,
Къахок1эж жыгыщ1э ц1ык1у.
Емызэшыжхэу жыг хадэжьхэм,
Псапи гуапи къыхащ1ык1.
Я псэр хэтщи ди адэжьхэм,
Адыгагъэр къадок1уэк1.
@Гъуэщокъуэ Мадинэ
Жыг бгъэкIыу, бгъэкIар зыхуэбгъэщхьэпэрэ псапи хэпщIыкIыу упсэумэ, жыг хадэ щIэныр хабзэу Iэмал имыIэу къыбдекIуэкIынущ. Адыгэм и хадащIэ, жыггъэкI кIулътIурэм дыщытепсэлъыхькIэ, ди адэжьхэм жыг хадэу яIам и гугъу дымыщIыныр сфIэемыкIущ. Къэдуугъуеижар кIамэлъамэми, ди блэкIам дриплъэжынщи, ди адэжьхэм я псэхэр зыщыгуфIыкIын, нобэрейхэр дызыгъэгушхуэн, къэкIуэнуми хуэщхьэпэну тщыхъу зы усэк1э утыку дихьэнщ.
Свидетельство о публикации №126070106489