Уэрэд нэщхъей

Фи урамыпэмк1э хуэму сыблок1,
Фи куэбжэм сынэсмэ си гур с1эщ1ок1.
Уи теплъэ гуак1уэм сегъэп1ейтей,
Сопщ1ыхь къысщохъур - уэрщ си дунейр.

ЕЖЬУ:
Е-й, закъуэныгъэ уаер ди нат1эу,
Жэщ п1эщхьэгъыншэр щхьэ тхухаха?!
Е-й, насыпышхуэти, ди Тхьэшхуэ лъап1э,
Ды щ1алэ щ1ык1э абгъуэ дуухуам?!

Уи жьабзэ дахэм сигу ихьэхуащ,
Уи 1ущэбагъыр дыгъэ схуэхъуащ.
Яжьэ сыхъухук1э абы сисынуми,
Къытезгъэзэжурэ сынопщ1ыхьынт.

Фи урамыпэмк1э ноби сыблок1,
Дымыщ1алэжми - дызэхуоплъэк1.
"Я щхьэцхэр тхъуами - я гущ1эр щ1алэщ", -
Жа1эурэ ц1ыхухэм, гъащ1эр т1эщ1ок1...

@Гъуэщокъуэ-Жумай Мадинэ


Рецензии