4 Кроссвордхэм ит къуажэхьхэр


 
1 Псэм хэпщIауэ нэ гъуэжь цIыкIуу,
КъапщIий хужьу мэщIэращIэ.          (Дадийщхьэху)


2 ПсынщIэрыжьэу пIастэ гъуэжь къыхаупщэфIыкI.        (Хугу)

3 "Гур-гур" жиIэу тоуэ - къофэ          (Гуэгуш)

4 Шейм хыдодзэ - Удз пэрымэ    (Шейудз)

5 Нану цIыкIум и цIэ лей.        (Дзадзу)

6 Ди унащхьэм тетIысхьауэ
Уэрэд дахэ къытхуреш.        (Уэрэдбзу)

7 И уд матэм исщ науэжьыр    (Удыжь)

8 Тесщ жыгыщхьэм зигъэпагэу,
Дзыгъуэхэм къахоплъэ лъагэу.         (Жьынду)

9 Мэкъамэ зытх усакIуэ.             (Уэрэдус)

10 "ТIыкIу-тIыкIу" жиIэу тIыркъэ цIыкIу.      (Сыхьэт
)
11 ЩэхуакIуэ дыздэщIыхьэ унэ          (Тучан)

12 Ди лъэпкъыр къызтекIахэр            (Нарт)

13 ЩIэныгъэм и IункIыбзэ                (Тхылъ)


14 Дэнэ дежи тк1эрымык1,
Зэш имыщ1э, игу димык1.
Ц1ут1 жимы1эу ныбжьэгъу щэху,
Дызэрызу мэщыр нэху.
Зэм уафэгум ар йохьэж,
Зэм аргуэру къыдгуоувэж.
Пщэдджыжьыпэм нэхущ вагъуэу,
Дыкъегъуэтыжыр и щ1эщыгъуэу.
(Ныбжь)

15 И щхьэр ину хьэлъэзехьэ,
Ц1ык1унит1эу 1уэху зезыхьэ.
(ХъумпIэцIэдж)

16 Бзуужь джабэхуу к1апэгъэсыс,
Пц1ыупсырейуэ жыгыщхьэрыс.
(Къанжэ)

17 Мастэ куэду 1уданэншэ,
Банэ топу пф1ощ1ыр пэншэ.
(Цыжьбанэ)

18 Къупщхьэ матэр зи цей,
Мывэ лъабжьэм щожей.
(Шылъэгу)

19 Ар зэ папщ1э пф1ощ1ыр гъуджэ,
Лъэгу-лъэрыжэу гукъыдэжщ.
1эди-уади имы1ыгъыу,
Псышхуэм хуохъур и лъэмыж.
(Мыл)

20 Шащхьэр трихуми джэгурейщи,
Щ1игъэкъуанц1эу нэхъурейр,
Щабэрык1уэу, ар къуейщ1ейми,
Нанэ п1экум щегъэжей!
 (Джэду)


20 Къудамэ лъабжьэу,
Лъэужь хъурей.
Пхъэбгъухэм къыхэнэу,
Джыдэжь гъэлъей.
(Гуанэ)

21 Пщ1эгъуалащхъуэу лыпц1э пц1анэ,
Псыпц1э унэу хьэ лъакъуэжь.
Куафэ щхъуант1эу нит1ыр къопщри,
Кумбым йопк1э - псым хопк1эж.
(Хьэндыркъуакъуэ)

22 Псэм хэпщ1ауэ нэ гъуэжь ц1ык1уу,
Къапщ1ий хужьу мэщ1эращ1э.         
(Дадийщхьэху)

23 "Гур-гур" жи1эу ар лъэрычщ,
Къуажи жыли зэпызычщ.
(Гуэгуш)

24 Лъакъуэ гъурищу,
Зы пы1э хъурей.
Гъурищ щхьэ щимэу
Адыгэм ей!
(1энэ)

25 1эщхэм ф1ыуэ яшх удз хущхъуэщ,
Ар ф1эраф1эу тхьэпэ хъурейщ.
(Ф1арий)

26 Зи цыр к1ыру лъакъуэ п1ащэ,
Бжьэ фоматэр зыф1эмащ1э.
(Мыщэ)

27 Уафэм къик1ухьыу,
Щ1ылъэр зыгъэхуабэ.
Бгыкъум щошэсри,
Щещ1ыр унап1э. (Дыгъэ)

28 Курылъ быдэ, кунэрылъ,
Пкъы ц1ык1у быдэу и кум илъ. (Купкъ)

29 Бжьакъуэ зэрыпщхьэщ,
Лъакъуэншэу ц1ынэщ.
Зэрыпщхьэр и къупщхьэщ,   
Зипщхьэжыр и джанэщ. (Нэщ1эпк1э)

30 Зи пэр псыгъуэ къуаншэ кIыхьу
Къуалэбзу щхьэгуагуэ дахэ. (Хьэрхьуп)
 
31 1упэ плъыжьу лъакъуэ гъур,
Зызыгъэпщу зи макъ гъум.
Зи шыр ц1ык1у къэрабэ гъуэжь,
Уек1уэтал1эмэ - бзаджэжь.  (Къаз)

32 КIэр пегъэхури йопкIэж и гъуэм,
Ар псэущхьэ гъэщIэгъуэнщ.
Улъэ1эсмэ - къыпхуегъанэ,
Къыпок1эжыр - сыт пыплъхьэн?! (Шындырхъуоу)


33 Бадзэуэгъуэхэм жаныбзэу
Гъуабжэ ц1ык1ухэу мэшым хэзщ. (Ныбгъуэ)

34 Унащхьэ тхыц1ак1уэ,
Шындэбзий зек1уап1э.
Дзыгъуэ к1уап1эр зи гъуэгу.
Зи к1э ц1ык1ур зыгъэджэгу.
(Джэду)

35 Ар джэдукъым, фымыщ1 пэшэгъу,
И1экъым абы гущ1эгъу.  (Къэплъэн)

36 И фэ ц1ык1ур вынд-ф1ыц1абзэу,
Бгыкъу унап1эм щобзэрабзэ.
И бгъэгу ц1ык1ур уэс-хужьыбзэу,
Насыпзехьэу къыдоубзэ. (Пц1ащхъуэ)

37 Пэ к1ыхьышхуэу тхьэк1умэшхуэ,
Жы1эрыщ1эу пелуанышхуэ.  (Пыл)

38 Зи цыр к1ыру лъакъуэ п1ащэ,
Бжьэ фоматэр зыф1эмащ1э.
(Мыщэ)

39 Псом нэхъ шыру бзу щыкъуей ц1ык1у.
(Румат1)


40 И фэр ф1ыц1эщ, и ц1эр 1ейщ,
Шатэм хуэдэу и шэр 1увщ.
Ф1эф1щи ят1эр - хэлъмэ ***йщ,
Уегуоуак1э къэмыхъей. (Хыв)

41 Зи пэр гъущ1 папц1эу
Зи к1эр к1ы гъуанэ.
Ар здырик1уэфым
Ирок1уэ 1уданэр. (Мастэ)

42 Щхьэ матэшхуэу
Джэду лъэпкъ.
Бгы дахэшхуэу
Зи к1э-топ. (Аслъэн)

43 Псыхъуэм удимышэу,
Къэ1этауэ 1ыхьэ.
Псыхъуэм удэзышу,
Гъуэгум и зы 1ыхьэ. (Лъэмыж)

44 Хужь - гъуэбжафэхэу 1эпап1э
Телъщ. Бгы - мэзхэр и зек1уап1эщ.
Гъэр къэсыхук1э и бжьэр ф1ок1,
Лъакъуэжэрхэм кърахьэк1. (Щыхь)

45 Къупщхьэншэ къэк1ыгъэу,
Бжэгъу щхьэпэр зи к1уап1э.
Ягъавэ – ягъажьэу,
Зи тхьэмпэ жьэуап1э. (Къэб)

46 Ар зэ папщ1э пф1ощ1ыр гъуджэ,
Лъэгу-лъэрыжэу гукъыдэжщ.
1эди-уади имы1ыгъыу,
Псышхуэм хуохъур и лъэмыж. (Мыл)

47 Дэнэ дежи тк1эрымык1,
Зэш имыщ1э, игу димык1.
Ц1ут1 жимы1эу ныбжьэгъу щэху,
Дызэрызу мэщыр нэху.
Зэм уафэгум ар йохьэж,
Зэм аргуэру къыдгуоувэж.
Пщэдджыжьыпэм нэхущ вагъуэу,
Дыкъегъуэтыжыр и щ1эщыгъуэу. (Ныбжь)

48 Щхьэфэр пкъутэм - дыжьын къок1,
Пкъутэм дыжьын - дыщэ къок1.
Гумызагъэм цы къыхех,
Абгъуэрынэу къырамых. (Джэдык1э)

49 Къудамэ лъабжьэу,
Лъэужь хъурей.
Пхъэбгъухэм къыхэнэу,
Джыдэжь гъэлъей.(Гуанэ)

50 Губгъуэм итщ удз гъэгъа дахэ –
И ц1эджэгъущ Сосрыкъуэ и анэм.
(Сэтэней)

51 Лъакъуэ имы1эу,
Унэм щызок1уэ.
Хуащ1ми - Iуахыжыр,
Iуахми – хуащIыж.
Жэщыр къэсамэ,
Зегъэпсэхужыр,
Къик1уа щымы1эу,
Ар мэтыншыж. (Бжэ)

52 1эщым я жьэуап1эу,
Псы IуфитI гъуэгу зыщ1.
Куэдым я зек1уап1эу,
Псыщхьэм зэпхырыкI. (Лъэмыж)

53 И бэджыхъхэр зэблидзауэ,
Щыму йощэ, хъы идзауэ.
Бзаджэ щэхум зигъэплъызэу,
Къы1эрыхьэр зэщ1екъузэ. (Бэдж)

54 Аркъэн зепщыпщэу,
Зи бзэгу дыкъуакъуэ.
Пкъы хъурей к1ыхьышхуэу,
Ныбэгу зи лъакъуэ. (Блэ)

55 Щыгъын щ1ы1уншэу,
Лыбжьэм хэлыбжьэ.
Къэк1ыгъэ лъабжьэщ-
Щах щыгъын т1ощ1. (Бжьын)

56 Ди унащхьэм тет1ысхьауэ,
И бзэ 1эф1ыр къытхуреш. (Уэрэдбзу)

57 К1апсэрыжэ,
Тхьэмпэ хъурей.
Жьауэ къищ1у,
Жыг дэжей. (Жызумей)

58 Лъэгу хъурыфэу
Щыгъын хуабэ.
Щ1ыфэ джафэу
Зи к1уэц1 щабэ. (Джэдыгу)


59 Илъмэ хьэлъэщ, нэщ1мэ псынщ1эщ,
Еунэщ1ыр шхын из шынакъ.
Е1уэтэж 1уэтэжыгъуаф1эу,
Напэтехщи фыхуэсакъ! (Ныбэ)

60 1упэ плъыжьу лъакъуэ гъур,
Зызыгъэпщу зи макъ гъум.
Зи шыр ц1ык1у къэрабэ гъуэжь,
Уек1уэтал1эмэ - бзаджэжь. (Къаз)

61 Гъэмахуэм щхъуафэ,
Щ1ымахуэм хужьыфэ.
Шынэкъэрабгъэ -
Уигу йомыгъабгъэ.

*Щхъуафэ - Сероватый
(Тхьэк1умэк1ыхь)

62 Занщ1эу йопхъуэ ар дыгъуакIуэм,
Егъэшынэ, щIегъэпхъуэж,
Унэ-пщ1ант1эм и хъумакIуэщ,
Ар пэж дыдэу ди ныбжьэгъущ. (Хьэ)
          
63 Сытхъу губгъуэм дыгъэпс къедэхащ1эм,
Гугъэщ1эу къритыр ф1эмащ1эу,
Абдж щ1ак1уэм, гъатхэпэр и дамэу,
Щогъагъэ уэс щ1агъым 1эрамэу. (Ажэгъуэмэ)

64 Къупщхьэ матэр зи цей,
Мывэ лъабжьэм щожей. (Шылъэгу)

65 Ар къыдоплъыр
Пхъэ дыкъуакъуэм.
Лъагэу мапк1э -
Ар долъей,
Лыпц1э пц1анэу, псыпц1э унэу,
Ят1эпс псыхъуэр ф1эф1щ- мэлъей.
(Хьэндыркъуакъуэ)

66 Бзуужь джабэхуу к1апэгъэсыс,
Пц1ыупсырейуэ жыгыщхьэрыс.
(Къанжэ)

67 Еджэм къыподжэж,
Ик1и щ1емыгъуэж.
Сытми къыпоIуж,
Зэй емызэшыж. (Джэрпэджэж)

68 "Т1ык1у-т1ык1у" жи1эу т1ыркъэ ц1ык1у.    (Сыхьэт)

69 Щ1эныгъэм и 1унк1ыбзэ  (Тхылъ)

70 Зэщ1эфийеу зэхэзопщэ,
Итырыгъухэр ирещ1ык1.
Ирищ1ык1хэр зэщ1имыкъуэ,
Щым хъужыхук1э йропщэк1. (Жьыбгъэ)

71 Щхьэц зытемыту
Мажьэ зезыхьэ.
Тхы къупщхьэ лант1эу
Псым хэс псэущхьэ.
(Бдзэжьей)

72 Ар пшахъуалъэм щызэрахуэ,
Хьэлъэзехьэу лъакъуэк1ыхьщ.
(Махъшэ)

73 Быдэу къратыр
Щабэу зытыж.
Тек1эрэхъухьыу
Гъавэр зыхьэж.
(Щхьэл)

74 Лъы къызыщ1эмыжу
Мы шык1урт1ым.
Зи къуэпс зэбгырыжу
Зи нэк1ур бырт1ым.

* Шык1урт1ым - Шишка (сосновая).
(Къэб)

75 Хьилэщ - ещ1э Iэмал куэд,
Мэл - бабыщхэр тфIегъэкIуэд.
Къуажи - жыли зэщ1ищыхьу,
Къэгъэпц1ак1уэм лъок1ыр куэд.
(Бажэ)

76 Сыт нэхъри нэхъ хьэлъэу лъэнк1ап1э щ1эх,
Сыт нэхъри нэхъ 1эф1у нэм и псэр 1узых.
(Жей)

77 Фащ1эм фэхэр иреугъуэн -
Шырыкъу здащ1 щы1эпщ1элъапщ1эщ.
1эмэпсымэ гъэщ1эгъуэнщ,
Щхьэ пхъэ к1апэу пэ гъущ1 папц1эщ.
(Дыд)

@Гъуэщокъуэ-Жумай Мадинэ

































РЕБУСХЭР КЪЭЩ1ЫН

                ,,
  +   = 
 
                ,,
        +   = 
 
  +   =
 
  +   = 
 
Iу +   =   
 
  +ЩI=
 
   +   + ХЪУ = 


Рецензии