3 къуажэхьхэр

КЪУАЖЭХЬХЭР КЪЭЩIЫН


Дыщэ мажьэр зи сыдж.
Ар жьы дыдэу къотэдж.
Джэдхэм я 1этащхьэ,
Щогъуагъуэ унащхьэм.

(Адакъэ)

***

Куэд зэрыгъэхъумэ
Чейщхьэр трач,
Джэду здэщымы;эм щоятэ.

(Дзыгъуэ)

***
 
Езыр щабэу, и ц1эр лъейуэ.
1эфэм ар къыхадык1ащ.
Езыр ф1ыц1эу, и ц1эр лъейуэ.
Упщ1эм ар къыхащ1ык1ащ.

(Лъей)
 
***

Зэлъэпагъ пагэу, напщ1эм цы телъщ,
Вынду ф1ыц1абзэу къэк1ащ.
Напщ1эм дек1уэк1ыу, фщ1эрэ, цы тетщ?!
Къуаргъри хуэныкъуэу жи1ащ.

(Набдзэ)
 
***

Дзэ уз зымыщ1эу
Дзэ куэд зы1ут,
Пхъэмбгъу зэпыхынк1э
Зей къимык1уэт.

(Пхъэх)

***
 
Вакъэ лъапэ к1ыхьу,
Щабэ - зек1уэрей,
Емызэш лъэрыжэу,
Ену мэз к1уэрей

(1эжьэ)

***
 
П1астэ хужьи, мырамыси,
Тхъуэплъ мэжаджи къыхащ1ык1.
П1астэ гъуэжьи, хьэкъурт щаби,
Хьэтыкъ 1эф1и къыхащ1ык1.
(Нартыху)

***
 
Ирошыуэ, трагъэщащэ,
Псым къыхахри псым хохьэж.
Щаби щы1эщ, к1ани щы1эщ,
Куэду зышхри псы йофэж,

*Шыгъу щабэ - молотая соль
*Шыгъу к1анэ - каменная соль

(Шыгъу)

***
 
Инуи щы1эщ, ц1ык1ууи щы1эщ,
Пхъэми, гъущ1ми къыхащ1ык1.
Ещ1 мышхэфым ар щхьэусыгъуэ,
Йошхык1 хьэщ1эм и тепщэч.

(Бжэмышх)

* Мышхэф бжэмышх и щхьэусыгъуэщ = Псалъэжь
 
***
Хьилэ защ1эу зэхэлъ,
Дыгъужьиблыр къэзгъапц1э.
Зи к1э бацэу пылэл,
Зи фэр дахэу гъуат1афэ.

(Бажэ)
* Гъуат1афэ —рыжий цвет

***
 
Банэ топми - хэлъкъым банэ.
Цыжь къаф1эщ1ми - хэлъкъым зыц.
И пэр т1ейуэ хьэцыбанэщ,
Ек1уэтал1и – темыт зыц.

(Цыжьбанэ)

***
               
Щхьэц къыдидзхэм и щхьэмыжым,
Хущхъуэу хэлъым нур къыпех.
Хужьрэ 1эф1у шэ къыщ1эжым,
Анэп1алъэу псэр дехьэх.
(Нартыху)

***

И пщэр бацэщ,
Ар лъэбыцэщ.
Шындэбзийм ину що1уэ,
«Фыхэмыжайе!», - къыдже1э.
(Адакъэ)

***

Щ1ы хъурейр зыгъэнэхуу,
Псыр, нэху щымэ, зыгъэхуабэ.

Дыгъэ)
 
***

Уэнжакъым ирик1уэу,
Унэхэм йок1.
Уафэм дэк1уеймэ,
 Тафэм щхьэщок1.

(Iугъуэ)
 
***

Хуабэ хъумэ – мэдыд,
Къелъэтыхь, ауэ бзукъым.
Уае хъумэ – мэдыкъ,
Ар мэдий. Щ1ы1эр ф1эф1къым.

(Бадзэ)
 
***

Джэдым нэхърэ ар нэхъ 1ущщ,
Зэзэмызи цы къыхах.
Джэдэщ абгъуэхэм ар илъщ,
Нанэ гуф1эурэ къырех.

(Джэдык1э)

*Джэд нэхърэ джэдык1э нэхъ 1ущщ. = Псалъэжь
*Джэдык1эм цы къыхех= Псалъэжь

***

Ныбжьэгъу джэгурейуэ,
Лъабэ щабэ ц1ык1у.
И нэр нэ хъурейуэ.
Си к1эм ар имык1.
"Тыхъ, ск1эрык1", - жызо1э,
Ауэ ск1эрымык1.
1энэ щ1агъым тхъэжмэ,
Щхьэнтэм къытемык1.

(Джэду)
***
               
Щхьэ бэринэу,
К1э бэринэу,
Папэ ар къысхуищэхуащ.
Нэ топ ц1ык1уу,
1упэ плъыжьу,
Сыгъэжейну сгъэгъуэлъащ.

(Гуащэ)
 
***

Жыгыщхьэрысурэ пк1ащхьэрытес,
1эмэпсымэншэу зи унэ зыщ1.

(Бзу)


*Жыгыщхьэрыс - наблюдатель, сидящий на верхушке дерева.

***
 
Щы1эщ щхьэгуэу,
Щы1эщ лъагэу,
Зэми лъахъшэщ,
Ауэ тыншщ.
Щы1эщ хъурейуэ,
Щы1эщ к1ыхьу,
Зэми пл1имэщ,
Зэм лъакъуищщ.

(Шэнт)
 
***
               
Лъэбыцэжьеи, благъуи хэтщ,
Дыгъужьри къыхэмык1.
Иныжь нэ закъуи ену хэтщ,
Удыжьри к1эрымык1.

(Таурыхъ)

***
 
Зи къуэпс хуабэу псом лъэ1эс,
Ар къыкъуэк1мэ къоуш бзухэр,
Удзхэм псоми зыхуаший,
И нур щабэр яф1эф1щ жыгхэм.

(Дыгъэ)
 
***
 
Дунейм тет псори зыгъашхэ,
Дунейм тет псори зытет.
Дунейм тет псоми я унэ,
Дунейм тет псоми я лъэгу.

(Щ1ы)
 
***
 
Къэрабэ плъыфэу цей плъыжь дэхащэ,
Ипщэк1э уплъэмэ уафэм едзащ.
Дуней хъуреягъыр псынщIэу зэщIещтэ,
Плъыфэ къэрабэу цей плъыжь едзам.

(Пшэплъ)

***
 
Щ1ыфэм къе1усмэ укъес,
Цы щабэхэр зи лъэдий.
К1ыру ди бжыхьым к1эщ1эсщ,
Къодзакъэмэ уегъэк1ий.

(Шыпсыранэ)

***
 
Пшэм къыхок1ри щ1ым хохьэж,
***ймэ тафэм дыд хе1уф.
Псы тк1уэпс ц1ык1ухэу псым холъадэ,
Уафэм пк1элъей иредзыф.

(Уэшх)
 
***
 
Гуэдз щхьэмыжхэм къыхащ1ык1,
Пщтыру ар тхуагъажьэ.
Зэм зэтож, зэтоуп1эщ1ык1,
Къыуат шхынщ – щ1ыбыбгъуэщ.

(Щ1акхъуэ)


@Гъуэщокъуэ-Жумай Мадинэ


Рецензии