Мэл щохъуэ

Мэл щохъуэ

Илъэс-илъэсиплI нэхъ мыхъуа сабийм и Iэ лъэныкъуэ цIыкIур яIыгъыу адрей и Iэгум, и Iэпэхэм гъуэрыгъуэу теIэбэурэ жаIэ:

«Мыбдеж мэл щохъуэ,
Мыбдей хъурей щоджэгу,
Мыбдеж мэл щохъуэ,
Мыбдей хъурей щоджэгу,

Мыбдеж накIуэ-къакIуэ,
Мыбдеж дывгъэкIуэж,
Мыбдеж накIуэ-къакIуэ,
Мыбдеж дывгъэкIуэж,

Мыбдеж дымышхэу дыкIуэжын?
ТIэкIу дымышхэу дыкIуэжын?

Еуэ, еуэ, пщафIэ цIыкIу,
Еуэ, пщафIэ, пщафIэ цIыкIу...»


«Еуэ, еуэ», - щыжаIэкIэ, сабийм и ІэпхъуамбэжьакIэр яубыдри, абыкIэ езым и Iэгу цIыкIум иуэж хуэдэу, пщафIэ хуэдэу ящI.
Сабийр абы егъэдыхьэшх.

@Гъуэщокъуэ-Жумай Мадинэ


Рецензии