ХэтIэхэсэ

ХэтIэхэсэ

ХэтIэхэсэ, хэтIэхэсэ,
Хэти ещIэ - 1эпщэ джэгущ!
ХэтIэхэсэ, хэтIэхэсэ,
ЦIыкIуи-ини уогъэджэгу!

Хэткъым къами,
Хэткъым джати,
ХэтIэхэсэ - нартыжь джэгущ!
Зыдгъэбыдэу,
Iэблэ быдэу,
ХэтIэхэсэ дызэдоджэгу.

1эшт1ым зауи,
Къаплъэ-къауи
Хэткъым – 1эпщэ сабий джэгущ!
Лъапщхьэ жыру,
Пелуан быдэу,
Нарт джэгук1э дызэдоджэгу.

Къытрадзахэр – къыщопщыж,
Я щыгъынхэр яутхыпщ1ыж.
1эпкълъэпкъ быдэхэу, пкъы задэу,
ЦIыкIуи-ини мэгуф1эж.

ХэтIэхэсэ, хэтIэхэсэ,
Хэти ещIэ - 1эпщэ джэгущ!
ХэтIэхэсэ, хэтIэхэсэ,
ЦIыкIуи-ини уогъэджэгу!

@Гъуэщокъуэ-Жумай Мадинэ


Рецензии