Хьэнцэ-Гуащэ

Хьэнцэ-Гуащэ

Дыгъэр ену мэжьэражьэ,
Дыгъэм тафэр исыжащ.
Уэшх къешхыну делъэ1уну,
Хьэнцэ-Гуащэ етшэжьащ.

Хьэвшыр ц1ык1ури къытк1элъоуэ,
Хьэндыркъуакъуэр псы чэнж хъуащ.
Тхьэшхуэ лъап1эм делъэ1уну,
Хьэнцэ-Гуащэ етшэжьащ.

Хьэнцэ-Гуащэ, Хьэнцэ-Гуащэ,
Хьэнцэ-Гуащэ къыдошэк1.
Тхьэм долъэ1ур, Хьэнцэ-Гуащэ,
Хьэнцэ-Гуащэ къыдошэк1.

Унэ-унэ къыдошэк1ыр,
Тхьэм долъэ1ур, -
Уэшх къегъэшх!
Хьэнцэ-Гуащэ къыдошэк1ыр,
Ди Тхьэ, Тхьэшхуэ,
Уэшх къегъэшх!

Хьэнцэ-Гуащэм псы куэд дыдэу,
Шынакъжьейк1э къыдок1ых.
Аллыхьышхуэ, хурикъухук1э,
Тафэм уэшхыр къыхуек1ых.

Хьэнцэ-Гуащэ, Хьэнцэ-Гуащэ,
Хьэнцэ-Гуащэ къыдошэк1.
Тхьэм долъэ1ур,- Аллыхьышхуэ,
Аллыхьышхуэ, уэшх къегъэшх!


*Хьэнцэ-Гуащэ - обрядовая большая кукла (которую носили по аулу во время засухи и обливали водой, в надежде, что это поможет вызвать дождь). Япэм щыгъуэ уэшх кърагъэшхын я мураду тхьэм елъэIуу унэ-унэкIэрэ, псы тракIэу кърашэкIыу щыта гуащэшхуэ (хьэнцэ хуэпа).

@Гъуэщокъуэ-Жумай Мадинэ


Рецензии