12- пщык1ут1
Мазэ пщыкIутI илъэсыр мэхъу
Мазэхэм я ц1эхэр адыгэбзэк1э:
Щ1ышылэ - январь
Мазае - февраль
Гъатхэпэ - март
Мэлыжьыхь - апрель
Накъыгъэ - май
Мэкъуауэгъуэ - июнь
Бадзэуэгъуэ - июль
Шыщхьэу1у - август
Фок1адэ - сентябрь
Жэпуэгъуэ - октябрь
Щэк1уэгъуэ - ноябрь
Дыгъэгъазэ – декабрь
***
Си Лъахэм и вагъуэ пщыкIутI
Адыгэ лъэпкъым и вагъуэ пщыкIутI,
Адыгэ ныпым щолыдыр гъуэзэджэу.
Дыщафэ теплъэу вагъуэ пщыкIутI,
ГъащIэм хуэгъуазэу фIым дыхураджэ!
ЕЖЬУ:
Си Лъахэ! Адыгэ уей-уей!
НэхъыфI ирехъу уи пщэдейр!
Бийр къыттегушхуэмэ, уей -
IущIэнущ ди шабзэхэм гуейр!
Адыгэ лъэпкъым и лIакъуэ пщыкIутI,
Кавказ къуршыжьхэм я бын дэхащэ.
Ди нып удзыфэм и вагъуэ пщыкIутI,
Адыгэ лъэпкъым и лъабжьэ щэджащэ!
ЕЖЬУ:
Си Лъахэ! Адыгэ уей-уей!
НэхъыфI ирехъу уи пщэдейр!
Бийр къыттегушхуэмэ, уей -
IущIэнущ ди шабзэхэм гуейр!
Адыгэ лъэпкъым и вагъуэ пщыкIутI,
Адэжь щIэиныр зи хабзэ дэхащэ.
Тхьэшхуэр зи пашэу, ди вагъуэ пщыкIутI!
Щохуарзэ уэгум ныпыр Iущащэу!
@Гъуэщокъуэ-Жумай Мадинэ
Свидетельство о публикации №126042502208