10- ПЩIЫ

10- ПЩIЫ
               
Си Iэхъуамбэхэр мэхъу пщIы,
Си лъэхъуамбэхэр мэхъу пщIы.
Зэхэслъхьати сымыпIащIэу,
Ди сыхьэтыр нэсащ пщIым.

***
 
Хьэлэмэткъэ, си шыпхъу ц1ык1ури,
Илъэс бжыгъэу мэхъур пщIы.
Дызэщ1ыгъуу школым докIуэ,
Сэ сынэхъыщIэщ - сыхъукъым пщIы.

***
 
- Тхум тху хэплъхьэмэ мэхъу пщIы,
Же1э, гуф1эу Таурыхъ Пщым.
Дэбжейфу ар есами,
Къебжыхыфкъым Таурыхъ Пщыр.

@Гъуэщокъуэ-Жумай Мадинэ


Рецензии