9- БГЪУ
ТIум блы хэплъхьэмэ мэхъу бгъу,
Зым й хэлъхьи мэхъур бгъу.
ПлIым тху хэплъхьэми мэхъу бгъу,
Щым хы хэлъхьи - ари бгъу -щ.
***
Псалъэжь:
Бгъуэрэ къепщи зэ пыупщ1.
***
Ди джэдур джэду дахэшхуэщ,
Ди джэдур джэду бацэшхуэщ.
Зы щхьэщ и1эр - пыткъым щхьибгъу,
И1эу п1эрэ т1э, гъащ1ибгъу?
*У кошки девять жизней — выражение, миф
***
Емынибгъу
IуэрыIуатэу жэщым жаIэт,
Емынибгъу бгъуэнщIагъым щIэсу.
Емынэжьхэм, фщ1эрэ, жаIэ,
Я пщэм пытхэу щхьибгъу.
Сыту пIэрэ бгъуэнщIагъыжьым,
Бгъури къэзыхуар?
Щхьибгъу зыпыт пелуан - иныжьхэр,
Гузэвэх зыщIар?
«Ди бгъуэнщIагъым зэ сынэсым,
СапкъырыупщIыхьынт», -
ЖысIэу мурад йнхэр сиIэт,
Ахэр къезгъэлын.
Ауэ, дыгъэр къыкъуэкIати,
Мамэ къызэджащ.
Си мурадым сепцIыжа тIэ?!
Сыкъагъэушащ?!
@Гъуэщокъуэ-Жумай Мадинэ
Свидетельство о публикации №126042502137