7- БЛЫ

7- БЛЫ

Махуибл мэхъу тхьэмахуэр махуэу:
Блыщхьэ, гъубж, бэрэжьей махуэ,
Махуэку, мэрем, щэбэт махуэ,
Воскресеньер – ар ТХЬЭМАХУЭЩ,
ЗэхуещIыж абы тхьэмахуэр!

***

Зыр зэ къапщтэм зыщ зэрыхъур,     (1*1=1)
Тхуэрэ къащти мэхъур тху.         (1*5=5)
Зыр хэ къапщтэм хыщ зэрыхъур,     (1*6=6)
Блэрэ къащти мэхъу ар блы.        (1*7=7)

***
 
Лэгъупыкъури мэхъу плъыфибл:
Плъыжь, пшэплъыфэ,
Гъуэжь, удзыфэ,
Къащхъуэ, щIыху, шакъафэ!

***

Пшыналъэр нотиблкIэ къожьэ:
ДО, РЕ, МИ, ФА, СОЛЬ, ЛЯ, СИ.
Мэкъамэм макъиблщ и лъабжьэр,
ДО-к1э къожьэ, и к1эр СИ-щ.

@Гъуэщокъуэ-Жумай Мадинэ


Рецензии