5- ТХУ
Сыдэбжейми, сыкъебжыхми,
Си Iэпхъуамбэхэр мэхъу тху.
Тезгъэзэжу зэхэзбжыкIми,
Си лъэхъуамбэхэри тхущ.
***
ТIум щы хэплъхьэмэ мэхъу тху! (2+3=5)
Фымыгъуащэ - хъукъым хы.
Фегупщысурэ зэвгъащIэ,
ЩызэхэфлъхьэкIэ фымыпIащIэ.
***
СымыпIащIэу зэхэслъхьати,
Кремль вагъуэри къуапитхущ.
БжэкIэм фIыуэ зезгъэсащи,
Схуагъэувынущ нобэ «тху».
@Гъуэщокъуэ-Жумай Мадинэ
Свидетельство о публикации №126042502083