4- ПЛIЫ
Т1ум т1у хэплъхьэмэ мэхъу пл1ы! (2+2=4)
Фымыгъуащэ - хъукъым блы.
Зэхэвбжык1ыурэ зевгъасэ,
Щызэхэфлъхьэк1э фымып1ащ1э.
***
ЦIыкIуми, бгъуэми, кIыхьми, инми,
КъуапиплI яIэщ плIимэ псоми.
Къуапэ плIырыплIщи аращ,
ПлIимэ щIицIэри аращ.
***
ЦIыкIухэ, плIы мэхъу гъэ зэманхэр:
Ирешажьэ гъэр щIымахуэм,
КъыкIэлъокIуэ гъагъэу гъатхэр,
Бжьыхьэм ипэ итщ гъэмахуэр.
@Гъуэщокъуэ-Жумай Мадинэ
Свидетельство о публикации №126042502065