3- ЩЫ
Мазэ щырыщщ гъэ зэманхэр,
Гъатхи, бжьыхьэри мазищщ.
Мэхъу мазищ гъэмахуэ хуабэр,
Мэхъу щIымахуэри мазищ.
***
Адыгэ Iэнэ хъурей цIыкIур -
Ар пхыкIащ лIэщIыгъуэ щищ.
Адыгэ Iэнэ хъурей цIыкIур,
ФщIэрэ, ари мэхъу лъакъуищ.
***
Къуапищ яIэщ щимэ псоми,
Щимэ щIицIэри аращ.
ЦIыкIуми, бгъуэми, кIыхьми, инми -
Къуапэ щырыщщи аращ.
*Щимэ - треугольник
@Гъуэщокъуэ-Жумай Мадинэ
Свидетельство о публикации №126042502052