2- ТIУ
Си Iэр-лъакъуэхэр мэхъу тIу,
Си нэ цIыкIухэр мэхъур тIу.
Зэхэслъхьати сымыпIащIэу,
Си лъэпэдхэр мэхъур тIу.
Хьэлэмэткъэ, Iэлъэ цIыкIухэр,
ЩызэхэплъхьэкIэ мэхъу тIу.
ТIурытI защIэщ вакъэу сщыгъхэр,
Пхутедзэнукъым ету.
***
Зым зы хэплъхьэмэ мэхъу т1у, (1+1=2)
Гуф1эу же1э ди Т1ат1у.
Зэхилъхьэфу ар есащи,
Ху*егъэщ1агъуэ и джэдум.
@Гъуэщокъуэ-Жумай Мадинэ
Свидетельство о публикации №126042502044