Щхьэбэринэ Юлэ ц1ык1у

Щхьэбэринэ Юлэ ц1ык1у

Юлэ, Юлэ, Юлэ ц1ык1у,
Юлэ си шыпхъу дахэ ц1ык1ущ.
Юлэ лэло изогъэщ1,
Щ1ызоупск1э Юлэ ц1ык1у.

Нанэ и псэ хъыджэбз ц1ык1у,
Лэури-лэу, си Юлэ ц1ык1у.
Мыгъыринэу щабэ ц1ык1у,
Нэ хъурейуэ дахэ ц1ык1у.

Гущэм хэлъщ ди Юлэ ц1ык1у,
Щ1ызоупск1э хужьэ ц1ык1у.
Щхьэ бэринэу, Юлэ ц1ык1у,
Ин ухъунущ, дахэ ц1ык1у.

@Гъуэщокъуэ-Жумай Мадинэ


Рецензии