Нанэ и Алианэ
Гъатхэ бзухэм я уэрэдым
Къыдоуш Алианэ.
И 1э щабэ ц1ык1ухэр быдэу,
Ирешэк1ыр Нанэ.
Гъатхэ бзухэм ядежьууэ,
Дыгъэ бзийхэм ядоджэгу.
Хьэвшыр ц1ык1ури къот1ысыл1э,
Джэду Баци къыдоджэгу.
Жэнэтбзу 1эф1ыбзэу,
Езыр мэгуф1эж.
Нани езэшамэ,
Занщ1эу жан мэхъуж.
И щынэдзэхэр къек1упсу,
Гуф1эу къы1уропс.
И анэшхуэм и-нэ, и-псэу,
Дыгъэу ар къыхуопс.
@Гъуэщокъуэ-Жумай Мадинэ
Свидетельство о публикации №126042302945