Лилия жанщ

Лилия жанщ

Лэныстищ ди Лилия и1эщ.
И лэныстэхэри жанщ.
Лилия пщащэ 1эпщ1элъапщ1эщ,
Дэ ди Лилия хъыджэбз жанщ!

Лэныстищри зэщымыщхэщ -
Зымк1э тхыпхъэ къыхегъэж.
Зыми уагъэу ебзыр бзыпхъэр,
Адрейм упщ1э зэпегъэж.

Лэныстищ ди Лилия и1эщ.
И лэныстэхэри жанщ.
Цызэрыхъэ масти и1эщ,
Дак1уэ-бзак1уэщ! Хъыджэбз жанщ!

*Уагъэу ебз лэныстэм - ножницы зигзаг для ткани

@Гъуэщокъуэ-Жумай Мадинэ


Рецензии