Кхъухь
Кхъуафэмаф1эр ену маблэ,
Кхъуафэмаф1эр сэбэп мэхъу.
Къэблэмамэу, алътэс щ1ык1эу,
Кхъуафэмаф1эр кхъухьхэм хуохъу.
Вэкхъуэ илъу, вэкхъуэл1 ису,
Гуэтщ кхъухьышхуэм кхъуафэжьей.
Хыщ1эм пщэхъук1э хадзэ гъурзэр,
Кхъулъэм гъунэгъу щыхъум дей.
Хы ф1ыц1эшхуэм кхъуафэмаф1эу
Зэмл1оужьыгъуэ куэд щолыб.
Кхъуафэжьейхэм, кхъухь кхъуафэпщхэм,
Кхъуафэмаф1эр хуохъу сэбэп.
*Кхъуафэмаф1э - маяк
*Кхъухь - корабль, судно
*Къэблэмамэ - компас
*Алътэс - атлас
*Кхъуафэжьей - лодка
*Вэкхъуэ - весло
*Вэкхъуэл1 - матрос, гребец
*Кхъулъэ - порт
*Пщэхъу - цепь
*Гъурзэ, хъурзэ, ф1анэ - якорь
*Хыщ1э - дно морское
*Кхъуафэпщ - капитан
Хым, псым, кхъухьхэм ехьэл1а псалъалъэ:
Адмирал - кхъухьтет
Барка - кхъуафэ
Берег, морской берег - Iуфэ, хы Iуфэ
Галера - вэкхъуэкхъуафэ
Горизонт морской - хыджащхьэ
Гребень морской волны - хысыдж
Залив - хытIуалэ
Канат - гъурзэкIапсэ, кIапсэшхуэ
Корма - кхъуафакIэ
Коса, мыс - хытыку
Лодочник - кхъуафэжьейтет
Корабельщик, рулевой - кхъухьзехуэ
Мачта - анэзэжыг, кхъухьанэзэ
Море - хы
Морская армия - хыдзэ
Остров - псытIуащIэ
Островитянин - тIуащIэдэс
Паром - брам
Паромщик - брамзехуэ
Парус - анэзэ
Парусина - чэтэныбгъуэ
Прибой - псыпыху
Пристань, причал, побережье - хыIу
Пролив - псыдэж
Пушка - топ
Руль (корабля) - кхъуафэлъакъуэ кхъухьлъакъуэ
Строитель лодок - кхъуафэщI
Фрегат - къалэунэ
Шторм - хыуае
Штурман - кхъухьгъуазэ, гъуазэ
Эскадра - кхъухьыдзэ
Ядро пушечное - топышэ
@Гъуэщокъуэ-Жумай Мадинэ
Свидетельство о публикации №126042206501