Узигъусэм и фэ къыуаплъыр

Узигъусэм и фэ къыуаплъыр

Фщ1эрэ, си1эхэщ ныбжьэгъу,
Дызэхуохъур чэнджэщэгъу.
«Узигъусэм и фэ къыуаплъыр»,
Дызэхуохъухэ акъылэгъу.

Дыщ1къым дэ фейцей пэшэгъу,
Дыхуэмей хуэмыху псэлъэгъу.
«Узигъусэм и фэ къыуаплъыр»,
Дызэхуохъухэ уэршэрэгъу.

Зэныбжьэгъухэр дымыкъуейщ1ей,
Нэхъыжьыф1хэм дыдоплъей,
«Узигъусэм и фэ къыуаплъыр»,
Фщ1эрэ, жи1эт пасэрейм?!

@Гъуэщокъуэ-Жумай Мадинэ


Рецензии