5 Усэрыбжэ псалъэжьхэр

5 Усэрыбжэ псалъэжьхэр

Жьым еубзи, щIэр гъэгушхуэ,
Жьырытэдж мэтхъэж – шатэшхщ.
Жьак1эр тхъумэ - ф1ыц1э хъужкъым,
Жьэмыгъэпсэху псэмыгъэтыншщ.

Жьы къемыпщэу къурэ сыскъым,
КъежьэкIей кIуэдыжыкIейщ.
Жьы уимыIэм - щIэи уиIэнкъым,
Илъэс Iуэху къэщтэжыгъуейщ.

@Гъуэщокъуэ-Жумай Мадинэ


Рецензии