Есэп
Сэ сыбжэфу зызогъасэ -
Сыдобжей, сыкъобжыхыж.
Есэп къэсщ1у зызогъасэ:
Зэхызох, зэхызолъхьэж.
Зыщ зэрыхъур сэ си мамэр,
Ф1ыщэ 1ейуэ ар солъагъу.
Зыщ зэрыхъур сэ си адэр,
Лъэпкъ дамыгъэр сегъэлъагъу.
Зыщ зэрыхъур къытхуепс мазэр.
Дыгъэ къепсыр а зыращ!
Си псэ закъуэм хуэдэщ си бзэр!
Хэкур - а зызакъуэращ!
@Гъуэщокъуэ-Жумай Мадинэ
Свидетельство о публикации №126042103994