Гъатхэ
Гъатхэ, гъатхэ, гъатхэ дыгъэ,
Гъатхэ дыгъэр къытхуопсыж!
Дыгъэ - щыгъэу, гъатхэ дыгъэм,
Щ1ыр удзыфэу ире1эж!
Джанэ 1уви, 1элъи, 1эжьи,
Псори мамэ 1уихыжащ.
Пц1ащхъуэ ц1ык1ухэр зэрызехьэу,
Гъатхэ уэгум къихьэжащ.
Зэщ1огъагъэ гъатхэ дахэр,
Гъатхэ дыгъэр къытхуопсыж.
Гъатхэ шыблэр зэщ1огъуагъуэ,
Гъатхэ тафэр къопсэуж!
@Гъуэщокъуэ-Жумай Мадинэ
Свидетельство о публикации №126042103905