IэбэцIу

ІэбэцIу дызэдоджэгур,
Іэбэ ЦIу, ЦIу, ЦIу.
Ди Iэ цIыкIухэр зэроубыдыр,
Іэбэ ЦIу, ЦIу, ЦIу.

Іэбэдзу дызэдоджэгур,
Іэбэ Дзу, Дзу, Дзу.
Зыр зым и щIыIу тетщ Iэ цIыкIухэр,
Іэбэ Дзу, Дзу, Дзу.

«Тыр-р», жиIэу лъэтэжащ,
«КIыл-кIыл», жысIэу сгъэкIылащ.
«Тыр-р», жиIэу лъэтэжащ,
«КIыл-кIыл», ину дыдыхьэшхащ.



ЦIыкIуи, ини я Іэ гущIыIур, епIэскIу щIыкIэу, IэпитIкIэ яубыдурэ я Іэхэр зыр зым и щIыIу тету зэрогъэубыдхэ.
«Іэбэ Дзу, Дзу, Дзу. Іэбэ ЦIу, ЦIу, ЦIу», - къытрагъэзэжурэ зэдыжаIэ. 
«Тыр-р», жиIэу лъэтэжащ», - нэхъ къахэжанык1ым ар здэлъэтэжауэ къигъэлъагъуэ лъэныкъуэмкIэ цIыкIухэр плъа иужькIэ, «хьилагъэу» джэгукIэм хэлъыр зыщIэхэм адрейхэр ягъэкIыл: «КIыл-кIыл», - жа1эурэ.
Ц1ык1уи ини псори зэрогъэдыхьэшххэ.

@Гъуэщокъуэ - Жумай Мадинэ


Рецензии