Гъэм и зэманхэр-Усэ къуажэхьхэр

Уэс къесари тек1ыжауэ,
Уэшхыр щ1ылъэм щыхьэщIауэ,
Нэм къиплъыхьу хъухъуэ-псыхъуэр,
Удзым щхъуант1эу ири1ащ.
ПцIащхъуэ цIыкIухэм зыкърашу,
Жыг гъэгъахэм фийуэ пысхэу,
Тафэм псэщIэ щитIэгъауэ,
Зэмыфэгъуу къыщIэщащ.
(Гъатхэ)

Ц1ык1ухэр гуф1эу мы мазищым,
Гу щахуэну ялъэмык1.
Къащохъупэ тхьэмахуищу,
Псынщ1э дыдэу яф1ыблок1.
(Гъэмахуэ)

Жьэражьэ дыгъэ бзийхэр едэхащ1эу,
Аргъынэ к1ыхьхэм я зэманыр йок1.
Вагъуэбэ уафэр тафэм е1ущащэу,
И шэмыгъапц1э жэщхэр ирок1уэк1.
(Гъэмахуэ)

Псэхэр дэбжьыф1эу
Лэжьыгъэр щызэщ1акъуэж.
Лъэхъэнэ гуак1уэу
Мэкъу 1этэр щырашэл1эж.
И зэманыгъуэу
Щынэхэр щырахул1эж.
Тхъуэплъыфэ дахэу
Жыгхэм зыщапхъэхыж.
(Бжьыхьэ)

Дэ куц1 щы1эф1у
Шы гуартэр бгым щимыхуэж.
П1астэр щаупщэф1у
Пщ1ащэхэр къыщыпыхуж.
Хуэбап1эм яунэт1у
Пц1ащхъуэхэр уэгум щихьэж.
Лъэхъэнэ дахэу
Гъэ к1уахэр зэхуэзыщ1ыж!
(Бжьыхьэ)


Уэсыр кууэ къригъэсу,
Щ1ы1э Дадэр къытхуэк1уащ.
Саугъэтхэр къытхуигуэшу,
Таурыхъ дахэм дыхишащ.
Нэм къиплъыхьу хъухъуэ-псыхъуэр,
Бжьэхуц хужьк1э ири1ащ.
Губгъуи, мэзи, уни, 1уащхьи,
Дохутыр фащэ щит1эгъащ.
(Щ1ымахуэ)

@Гъуэщокъуэ-Жумай Мадинэ


Гъатхэ мазэхэр - гъатхэпэ, мэлыжьыхь, нэкъыгъэ 
Гъэмахуэ мазэхэр - мэкъуауэгъуэ, бадзэуэгъуэ, шыщхьэ1у
Бжьыхьэ мазэхэр - фок1адэ, жэпуэгъуэ, щак1уэгъуэ
Щ1ымахуэ мазэхэр - дыгъэгъазэ, щ1ышылэ, мазае 


Ди дыщэ пхъуантэм щызэхудохьэс псалъэжь гъэщ1эгъуэнхэр:

Гъатхэм жеяр бжьыхьэм мэгъыж.
Гъатхэ уафэ гъуанэщ.
Шылэм ик1эм зеук1ыж.
Гъэм и зы махуэм щ1ымахуэм уегъашхэ.
Гъэмахуэ тхьэмахуэр, щ1ымахуэ гъуэмылэщ.
Бжьыхьэр бейщ.


Рецензии