Къыстосэ уэсыр - Щабэу къос - уэрэд

Къыстосэ уэсыр - Щабэу къос,
Шууэ уэс къесым псэр щошэс.
Сщыхуабэу щ1ыбым уэс къыщос,
Ди псэхэр гуапэу зэщ1охъуэпс.

Си щ1асэ закъуэ, псом я лей,
Сыхъуащ аргуэру жэщмыжей.
Зэрызщ ди лъагъуэхэр - Гу узщ,
Сэ лъагъуныгъэр щ1ы1эм сф1ес.

Уэсыр псей ц1ык1ухэм ятеса,
Нэрынэ ц1ык1ухэу йусея.
Дызэдэгъусэу сепщ1ыхьащ -
Псысэ насыпыр зэхэтщ1ащ.

ЕЖЬУ:
Ей, жи – къос! Уэсыр къос.
Щабэу, п1ащэу уэсыр къос!
Ей, жи – къос! Уэсыр къос.
Щабэу, п1ащэу уэсыр къос!

@Гъуэщокъуэ-Жумай Мадинэ


Рецензии