Кавказ щIыналъэм и дыгъэ! -памяти А. Шогенцукова

ЩоджэнцIыкIу Iэсхьэд и къуэ Алий хузогъэфащэ — тхакIуэ, адыгэ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа, зи лъэпкъ културэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа усакIуэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым пщIэ зыхуащIа тхакIуэшхуэ

Анэдэлъхубзэр зыгъэбжьыфIэу,
БлэкIар къэкIуэнум пищIэфу,
Тхьэм и нэфIыр зыщихуэу,
УсакIуэ лъэщ – зэрызыххэщ.

Апхуэдэщ Али – Лъэпкъ гупсэщ!
Кавказ щIыналъэм и дыгъэщ!
УсакIуэшхуэ - Хэкупсэщ,
Щэджащэ тхылъхэр и тхыгъэщ!

НасыпыфIэщ щIэблэщIэр,
Иропагэ уэ уи цIэм.
КIэщIу щытами уи гъащIэр,
МыкIуэдыжынщ уи унэцIэр!

Нобэ утхэмытыжми,
Уи тхылъхэм псэщIэ къытхалъхьэ.
Щэджащэ тхакIуэ-усакIуэу,
Нартыбзэм урихъумакIуэщ.

УрихъумакIуэщ Хэкушхуэм,
УрихъумакIуэщ щэн-хабзэм,
Ухуэпэжащ адыгэбзэм,
Зебгъэужьащ ди нартыбзэм.

Уардэ усакIуэ - Хэкупсэ,
Щэджащэ тхылъхэр зи тхыгъэ!
Адыгэ лъэпкъым и гупсэ,
Кавказ щIыналъэм и дыгъэ!


@Гъуэщокъуэ-Жумай Мадинэ 


Рецензии