Си адыгэбзэ! Лъэпкъым и гупсэ!

       А

Адакъэ

Адакъэжь пщэ бацэ,
Адакъэжь лъэбыцэ.
Джэдхэм я 1этащхьэ,
Щогъуагъуэ унащхьэм.
Дыщэ мажьэр зи сыдж.
Ар жьы дыдэу къотэдж.
Шындэбзийм ину що1уэ,
«Фыхэмыжайе!», - къыдже1э.

    Б

Къэб

Къупщхьэншэу къок1 къэбыр,
Бжэгъу щхьэпэр и к1уап1эщ.
Ягъавэ-ягъажьэ,
И тхьэмпэр жьэуап1эщ.
Щобагъуэ ди хадэм,
Ныбэф хадэхэк1щ.
Дожей, къуэпс пхъашэшхуэу -
Сытми зрешэк1.


/////

Бжьыхьэ

Бжьыхьэм бзухэр мэлъэтэж,
Бжьыхьэм жыгхэм запхъэхыж,
Бжьыхьэм тхьэмпэхэр мэгъуж,
Гъэ лэжьыгъэр кърахьэл1эж.

Фщ1эрэ, гъатхэм къалъхуа шк1ащ1эр
Мэхъур бжьыхьэм вы домбей!
Ди щ1ыналъэм бжьыхьэм хуэдэу
Щыбгъуэтынукъым нэхъ бей.


Псалъэжьхэр:

Гъатхэ дыгъэм кIагъуэпскIэ уегъэпскIри, бжьыхьэ дыгъэм тхъупс къыптрекIэ.
Гъатхэм жеяр бжьыхьэм мэгъыж.
Гъатхэм тумысар бжьыхьэм къытепхыжыркъым.
Гъатхэм пасэу пщ1эр бжьыхьэм и гъуэу мэхъу.
Бжьыхьэ жэщ щэрэ минщ.
Бжьыхьэ бейщ.

Къуажэхьхэр

Ипщэк1э уплъэмэ, цей плъыжь къедзащ. (пшэплъ)
Къэрабэ плъыфэщ, уафэм едзэк1ащ.(пшэплъ)
Фыз ф1ыц1э нэгъуд, щ1ым дыд хэзы1у. (уэшх)
Хэт уафэм пк1элъей езыдзу дэк1уеяр. (уэшх)

Нэщэнэхэр

Бжьыхьэ тхьэкIумэкIыхьыр уэдмэ, уэс щlагъуэ щыIэну¬къым, пшэрмэ, уэсышхуэ щыIэнущ, жаIэрт.

Бжьыхьэм  деж, нэху мыщ щIыкIэ, вагъуэбэр пхъэщхьэ¬кIэм и гъунэгъу хъуамэ, пхъэ щхьэкIэр мэдийри, жыгым и хэхъуэныгъэр абы щоувыIэр, тхьэмпэр къы¬пыхуу щIедзэ,- бжьыхьэм щIидзащ, жаIэрт.
Бжьыхьэм пасэу уэс къесамэ, «гъэм щинэжащ», жаIэти я жагъуэ хъурт. «И чэзум и деж псори фIыщ»,- жаIэрт.


    В

ВакIуэ

Вынд ф1ыц1абзэу вакъэ п1ащэ,
Щыгъщи вак1уэр мэ1ущащэ:
«Вы зимы1эм и шк1эр щ1ещ1э.
Хъунур вы – шк1э щ1ык1э ящ1э».


   Г
«ЧЕРКЕС ХЭКУ» газет

«ЧЕРКЕС ХЭКУ» газетыр гупсэщ,
«ЧЕРКЕС ХЭКУ» газетыр ди псэщ.
«ЧЕРКЕС ХЭКУ»-р гуф1э гуэшщ,
«ЧЕРКЕС ХЭКУ»-р гъусэ пэжщ.

Къытхуихьащ ар дэ пощтзехьэм,
Ди еджап1эр къытрадзащ.
Гимн уэрэдым а газетым,
Ди унагъуэр дыщ1эджык1ащ.

Тетщ газетым АВТОГАЗ-ыр,
Къытехуащ Адыгэ Хасэр,
Тетщ газетым хущхъуэ гынхэр -
«ЧЕРКЕС ХЭКУ» газетыр гупсэщ.


/////
Спортзал

Ди спортзалым дырогушхуэ,
Тренажёрнэ пэшхэр хэтщ.
Зэхьэзэхуэ дощ1 щ1ымахуэм,
Гыри штанги къыдо1эт.

Ауэ къихьэмэ гъэмахуэр,
Гыр-гантелхэр къыщ1ыдох.
Паркым ит жыг-турникышхуэм
Деж бгы задэу зыкъыдох.

   Гу

Си гуащэ

Си гуащэр щхьэ бацэщ,
Си гуащэр 1ущыцэщ.
Си гуащэм и щхьэцыр
Бэринэу ещхьщ чыцIым.               

И вакъэр щызохыр,
IэлъэщIыр тызохыр,
И гущэм хызолъхьэ,
ГущэпскIэ хызопхэ.
 
Си гуащэ нэIуцэм
И щхьэцыр бэлацэщ.
ИтIани зылъагъухэм
Ар фIыуэ ялъагъур.


/////
Гуэгуш къафэ

Гуэгушыхъур къофэ -
"Гур, гур, гур".
«Зигъэл1ыхъуу» къофэ,
"Гур, гур, гур".
И к1эр ину бырыбауэ,
Пэ к1ыхьышхуэр пылэлауэ,
Зигъэщ1агъуэу къофэ,
"Гур, гур, гур".

Гуэгуш анэр къофэ -
"Гур, гур, гур".
Гуащэ ц1ык1у къыдофэ,
"Гур, гур, гур".
Гуэгуш быныр къызэдофэ,
Лъакъуэ гъурхэр теуэу къофэ,
Гур хагъахъуэу къызэдофэ,
"Гур, гур, гур".



   Гъ
Гъатхэ

Гъатхэ, гъатхэ, гъатхэ дахэ,
Гъатхэ дыгъэ, къытхуепсыж!
Хухыбошыр гъуэгу гъэмахуэм
Ари гуф1эу къоблэгъэж!

Джанэ 1уви, 1элъи, 1эжьи,
Псори мамэ 1уихыжащ.
Пц1ащхъуэ ц1ык1ухэр зэрызехьэу,   
Гъатхэ уэгум къихьэжащ.

Зэщ1огъагъэ гъатхэ дахэр,
Гъатхэ дыгъэр къытхуопсыж.
Гъатхэ шыблэр зэщ1огъуагъуэ,
Гъатхэ тафэр къопсэуж!


   Гъу

Гъусэ

Ныбжьэгъу си гъусэу гъуэгу сытехьэм,
Гъуэгу хьэлъэр тынш къысщохъу.
Гъусэншэр сщохъу гъуэгу хьэлъэ 1ей,
Гъусэф1ыр псом я лейщ.


/////
Мастэ

Мастэм сэ изоу 1уданэ,
Мастэ ц1ык1ум и1эщ гъуанэ.
Мастэр гъущ1ым къыхащ1ык1,
И пэр папц1эщ, мастэр гъурщ.

/////
Зэмыфэгъухэу цы Iуданэ

Зэмыфэгъухэу дэ ди Нанэ,
И1эщ куэду цы 1уданэ:
Зыр гъуабжафэу,
Зыр гъущ1ыфэу.
Зыр гъуаплъафэу,
Зыри гъуат1эу.
И щ1эщыгъуэ зэи имык1,
Цы зэрыхъэм к1эрымык1!

*Гъуаплъафэ – рыжий
*Гъуабжэ- серый
*ГъуатIэ - медно-рыжий
*Гъуабжафэ – бурый
*Гъуабжэлъабжэ - блеклый
*Гъуэжь – жёлтый
*Гъущ1ыфэ - медный


Д

ДЕЙ ЖЫГЫШХУЭ

Жыг хадэшхуэм къыщык1а, ди
дей жыгышхуэм дэ щ1эзыбзэщ.
Дадэ гъусэ зыхуэсщ1ауэ,
Къэтщыпащ дэ нэд изыбзэ.

Дей дахащэу дэшхуэ щ1агъыр,
Щ1ы1эты1эщ сытым щыгъуи.
Дей жыг жьауэм дыщыджэгуу,
Мэхъу къыщихуэ дэхэр 1эгум.

Дей къудамэхэр ещхьщ дамэм,
Дэ кунц1 ц1ык1ухэри 1эф1ыбзэщ.
«Дейр адыгэщ,- же1э Нанэ,
Дейм гуро1уэ адыгэбзэ».

*Нэд, къэп-мешок

/////
Этот стих убрать здесь и поставить
На самое начало книги, как основной.
СИ АДЫГЭБЗЭ!
ЛЪЭПКЪЫМ И ГУПСЭ!

Гъащ1эм дэбакъуэу, анэбзэ дахэ!
Ди гъащlэм екlуу, ди адыгэбзэ!
Дыщэ изыдэу анэдэлъхубзэ,
Сыту у–къабзэ! Лъэпкъым и гупсэ!

Бзу макъым ещхьу зэм уобзэрабзэ,
Тхыдэ хъумак1уэ! Гъащ1эм и купсэ!
Шабзэ шэрыуэу, анэдэлъхубзэ,
Сыту у–къабзэ! Лъэпкъым и гупсэ!

Жьапщэм къыхощыр уи макъыр щабэу,
Къуршыпсым ену ущобзэрабзэ.
Укъоу, ушхыдэу, хаутэм йбэр,
Анэдэлъхубзэ! Лъэпкъым и гупсэ!

Дэбжьыф1э гъащlэм, ди адыгэбзэ!
Гъащ1эм дэгуф1э! Тхуэпсэу нартыбзэ!
Дыгъэм и бзийуэ анэдэлъхубзэ!
Сыту у–къабзэ! Лъэпкъым и гупсэ!

@Гъуэщокъуэ-Жумай Мадинэ
11.02.2026гъ.


ДЖ

Джэдкъуртымрэ джэдумрэ

Джэдур джэджьейхэм щэхуу йощэ,
Джэдэщ бжэ1упэм къы1умык1.
Джэдкъуртыр бзаджэщ, къуртыр п1ащэщ-               
Джэдум долъейри Іуегъэщтык1.


/////
Джэнш

К1ыхьышхуэу, дэжейуэ,
Ди хадэм къок1 джэншхэр.
Здыхэпсэр я к1уап1эщ,
Я лъэгур жьэуап1эщ.

Джэнш к1ыхьи, джэнш лъахъши,
Щобагъуэ ди хадэм.
Джэнш шыпсыр - шыпс 1эф1щ, - жи,
Джэнш хущхъуэщ, - жи Дадэ.

Ягъавэ-ягъажьэ,
Джэнш ц1ык1ухэр 1эф1ыбзэу.
Джэнш шыпси, хьэнтхъупси,
Тхуещ1 Нанэ 1эф1ыбзэу.


ДЗ

УСЭРЫБЖЭ
Дзыдзэмрэ дзыгъуэмрэ

Зы гуэдз хьэдзэу дзыгъуэ псыгъуэр,
Дзыдзэ дзэпщым къримыдзэ.
Дзыдзэр - дзыдзэщ,
Дзыгъуэр - псыгъуэщ,
Дзыдзэм дзыгъуэр къримыдзэ.

Дзыдзэр п1ащэщ,
Дзыдзэр лъэщщ,
Дзыгъуэм елъытамэ-дзэпщщ.
Дзыгъуэр к1агуэщ,
Дзыгъуэр ц1ык1ущ,
Гъуанэдэсу гъуабжэжь ц1ык1ущ.

И к1эр псыгъуэщ, шынэрейщ,
И тхьэк1умэр дзыгъуэм хъурейщ.
Дзыдзэм и тхьэк1умэр памц1эщ,
Дзыдзэр к1э бэринэ бацэщ.

Зы гуэдз хьэдзэу дзыгъуэ ц1ык1ур
Дзыдзэ дзэпщым къримыдзэ.
Дзыдзэр - бзаджэщ,
Дзыгъуэр - псыгъуэщ,
Дзыдзэм дзыгъуэр къримыдзэ.

*Дзыдзэ-куница
*Дзэпщ-предводитель войска
(в данном случае, фольклорный контекст)


Е

Егъэджак1уэ

Егъэджак1уэ! Ди гугъап1э!
Жумарт анэ! Чэнджэщэгъу!
Щыпкъэ гуапэу егъэбжьыф1э
Щ1эныгъэф1хэр! Ди ныбжьэгъущ!

Егъэджэныр и 1эщ1агъэу,
Тхьэм и л1ык1уэщ! Псэр допсэху!
Бэм и телъхьэу, 1эпщэ дыгъэу,
Пщэдей махуэр къегъэнэху.

Жыпыр нэщ1ми и псэр изу,
Ныбжьэгъу ц1ык1ухэм яхуохъуф.
Зэхэзежэр и гум техуэу,
Тэмакъ к1ыхьыу яхуотыф.

Ар мык1ийуэ, ар къимылъу,
Махуэ уэф1уу и бзэр 1эф1щ.
Блэр и гъуэмбым къырешыфыр,
Нэхущ вагъуэр егъэблэф.

Ущияк1уэщ! Дыщыгъуазэщ-
Щ1эблэр гъуэгум трешэф.
Гъуазэ псоми ***гъэгъуазэу,
Пщэдей махуэм ***гъэпсыф.

Анэ п1алъэ! Егъэджак1уэ!
Ди гугъап1э! Чэнджэщэгъу!
Щ1эныгъэф1хэр тхуегъэлъап1э-
Ар ди плъап1эщ! Ныбжьэгъу пэжщ!

/////

Есэп

Сэ сыбжэфу зызогъасэ -
Сыдобжей, сыкъобжыхыж. 
Есэп къэсщ1у  зэхызобжэ -
Зэм хызолъхьэ, хызохыж. 

Зыщ зэрыхъур сэ си мамэр,
Ф1ыщэ 1ейуэ ар солъагъу.
Зыщ зэрыхъур сэ си адэр,
Лъэпкъ дамыгъэр сегъэлъагъу.

Зыщ зэрыхъур къытхуепс мазэр.
Дыгъэ къепсыр а зыращ!
Си псэ закъуэм хуэдэщ си бзэр!
Хэкур - а зызакъуэращ!

Ё

Ёлкэ

Псей удзыфэу ёлкэ дахэр,
1эжьэ ц1ык1ук1э къытхуашащ.
Дыжьыныфэу ёлкэ дахэм,
Саугъэтхэр къытхуихьащ.

Гуф1эгуэшу ёлкэ ц1ык1ум,
Илъэсыщ1эм гъуэгу хишащ.
Псей удзыфэу ёлкэ ц1ык1ум,
Таурыхь дахэм дыхишащ.

Ж

Жыг закъуэ мэз хъуркъым

Жыг закъуэ мэз хъуркъым,
Щошынэ ар жьыбгъэм.
Жыг закъуэ мэз хъуркъым,
Борэным егъэш.

Жыг хадэр, мэз 1увыр,
Щышынэкъым жьыбгъэм.
Жэщ хъуэтми, акъужьми,
Яхуэмыгъэш.

*Акъужь — порывистый, шквалистый
(часто холодный) ветер.
*Борэн — метель, вьюга
(ветер со снегом).


/////

Усэрыбжэ псалъэжьхэр

Жэщыр згъэдахэр мазэгъуэщ,
Ц1ыхур згъэдахэр акъылщ.
Махуаем бгъуэтыжыр ныбжьэгъущ,
Адрейхэр псори 1эпэгъущ.

Бын зэгурымыIуэр - мыгъуагъэщ,
Нэмыс здыщ1элъыр акъылщ.
Жыджэрым и 1уэ мэбагъуэ:
Гъэ техьэм - шк1ащ1эр и жэмщ.

ЖЬ


З

Зэрыджэ

Зэрыджэ, зэрыджэ,
Жыг лъахъшэ телъыджэ.
Зэрыджэ, зэрыджэ,
Зи тхьэмпэ хъурей щ1ык1э.
Зэрыджэ дэхащэ,
Гъатхэк1эм уогъагъэ.
Зэрыджэ дэхащэ,
Зи пхъафэхэр щхъуафэ.
Зи бжьыхьэ дыщафэу,
Зэрыджэ пшэплъыфэ.
Щ1ымахуэм, зэрыджэ,
Плъыжь дахэу уо1эзэ.
Дохутыру уи хущхъуэр
Псчэ узхэр зыгъэхъужщ.
Зэрыджэ, зэрыджэ,
Жыг мык1уэдыжщ.


*Пшэплъыфэ - оранжево-розовый
*Щхъуафэ - сероватый

И

Адыгэ пщащэ

Адыгэ пщащэ. Адыгэ пщащэ.
Къохьэ утыкум адыгэ пщащэр.
Гугъэм и нэхуу, адыгэ пщащэ.
Дахэу къыщощыр адыгэ фащэр.

Зи 1эпэ дыщэу, адыгэ пщащэ!
Дунейм тет пщащэхэм я нэхъ дэхащэ.
Шылэр зи тепхъуэ, адыгэ пщащэ!
Щынэ 1эрып1у уэ уо1ущащэ.

Пц1ащхъуэк1э набдзэу уи плъэк1э дахэм,
Л1ым я нэхъ тк1ийри гуапэ ещ1ыж.
Уи нэшхуэ дахэу нэбжьыц к1ыхьышхуэхэм,
Сыхъэр къыщ1ихыу дыгъэ лъэмыжщ.

Къэфэну къохьэ - лъэпкъым и пхъу дыщэ!
Бгырыпх дыжьыну бгы псыгъуэ пщащэ!
И 1эблэ есхэр дамэ дэхащэщ,
Хуэдэщ таурыхъым адыгэ фащэр.

Лъэбакъуэ щабэхэр ещхьщ зэтеж щыгъэм,
Зигъэджэрэзмэ – хуэдэщ ар дыгъэм.
Инжыдж къуршыпсыр, лъахэр зи гущ1э,
Тхьэрыкъуэпщэхуу лъэпкъ вагъуэ мыщ1э!

Пхъэ вакъэ тетщи къофэ "Уэркъ къафэ",
1эры1ыгъ шылэщ.  Бгы псыгъуэ гуащэ!
Дыгъэ пэлъытэу, адыгэ пщащэ!
Къыпщощ дэхащэу адыгэ фащэр!

Й

Узигъусэм и фэ къыуаплъыр

Фщ1эрэ, си1эщ сэ ныбжьэгъу,
Дызэхуохъур чэнджэщэгъу.
«Узигъусэм и фэ къыуаплъыр»,
Дызэхуохъур акъылэгъу.
 
Дыщ1къым дэ фейцей пэшэгъу,
Дыхуэмей хуэмыху псэлъэгъу.
«Узигъусэм и фэ къыуаплъыр»,
Дызэхуохъур уэршэрэгъу.

Зэныбжьэгъухэр дымыкъуейщ1ей,
Нэхъыжьыф1хэм дыдоплъей,
«Узигъусэм и фэ къыуаплъыр»,
Пэжу жи1эт пасэрейм!


/////////

Й

Зым блы хэплъхьэмэ мэхъу Й, (1+7=8)
Т1ум хы хэлъхьи мэхъур Й. (2+6=8)
Щым тху хэплъхьэми мэхъу Й, (3+5=8)
Пл1ырыпл1ит1ыр - ари Й-щ. (4+4=8)

Ауэ бжыгъэкъым мы йр,
Гъук1э 1эмэпсымэщ йр.
Же1э Дадэ, – Инкъым йр,
Ехъуэр гъущ1 гуащ1агък1э им.


*Й - натвель,напильник, точило, инструмент для ручной шлифовки/заточки.


К
КУ
К1


К1У

Илъэсыщ1э

Илъэсыщ1э! Илъэсыщ1эм
Лъахэ дыщэр хэбэкъуащ!
К1атэу, лъатэу Насыпыщ1эр,
Ди бжэщхьэ1ум къебэкъуащ!

Гуф1эгъуэшхуэу Илъэсыщ1э!
Хьэбли, благъи  дыножьащ!
Илъэсыщ1э! Илъэсыщ1эм
Ц1ык1уи, ини  дыппежьащ!

Къак1уэ-къак1уэ, Илъэсыщ1э!
Дыщ1эращ1эу едгъэхьэк1!
Къак1уэ-къак1уэ, ди Гугъэщ1э!
Насыпыщ1эу зкъыдэшэк1!

Дегъэф1ак1уэ, Илъэсыщ1э!
Ф1ы хъуапсап1эр зи дуней!
Къыбдохуабэ ди Гурыщ1эр!
Зи псэ къабзэр тхуэщ1 къулей!

Дахэу ди гум дэ щыдгъаф1эу,
Мамыр уафэм дыщ1эвгъэкъу!
Дыузыншэу, дыф1эраф1эу,
Ди Гугъэф1хэр тхуэщ1 лэгъупыкъу!

Дыщ1эращ1эу Илъэсыщ1эм,
Ди Тхьэ, Гущэр багъуэн тхуэщ1!
Егъэф1ак1уэ ди Гурыщ1эр!
Насып гъуэгур лъагъуэ тхуэщ1!

Илъэсыщ1э! Илъэсыщ1эм
Лъахэ дыщэр хэбэкъуащ!
К1атэу, лъатэу Насыпыщ1эр,
Ди бжэщхьэ1ум къебэкъуащ!

КЪ

Къру

Къру пэ к1ыхьу зи пщэ к1ыхь,
К1апсэ к1ыхьу зеукъуэдий.
Къру пэ к1ыхьу зи пщэ к1ыхь,
Псыгъуэ дыдэщ и лъэдийр.

Къру пщэ к1ыхьу лъакъуэ к1ыхь,
Пшэплъ гуэрэнхэм щхьэпролъэт.
Къру пщэ к1ыхьу лъакъуэ к1ыхь,
Дыгъэ нурым егъэлыд.щщд

КЪУ

Гъатхэ лъахэ

Дыгъэ бзийхэр йоIущащэ,
Инжыдж псыхъуэу Хэку дахащэм.
И толъкъунхэр къуршыпс IэфIщ,
Жэнэт тафэу дуней уэфIщ.

Щыблэр тафэм щыхьэщIауэ,
Уафэ хъуэпскIри теужауэ,
Бжэндэхъу цIыкIухэм зыкъраш,
Жыг тIэпIахэм фийуэ пысщ.

ПцIащхъуэ цIыкIухэм  загъэщIагъуэу,
Гъатхэ лъахэм хуоплъэ лъагэу.
ГуфIэу я уэрэд ягъэш,
Къалъэтыхь, ямыщIэ зэш.

Гухэлъ макъыр гум къинэну,
Хуабэр псэгъуу къыхинэну,
Гъатхэм псэщIэ щитIэгъащ,
Зэмыфэгъуу къыщIэщащ.

Дыгъэ бзийхэр йодахащIэ,
Инжыдж псыхъуэу Хэку дахащэм.
И толъкъунхэр къуршыпс IэфIщ,
Жэнэт тафэу дуней уэфIщ!

КХЪ

Кхъы1э, Нанэ…

Нанэ, Нанэ! Кхъы1э, и1э,
Удым и таурыхъ къызжы1э...
Нартыху гуэным итк1утахэр,
Нэуэжь кхъахэм идыгъуауэ,
Ирихьэжьэу ди п1астапхъэр,
Кхъэ бгъуэнщ1агъым щигъэпщк1уауэ,
Ауэ Дадэ сыригъусэу,
Удыжь кхъахэр етхужьауэ,
Ди п1астапхъэр къэдгъуэтыжри,
Лы гъур гуэлъу быупщэф1ауэ...
Нанэ, Нанэ! Кхъы1э, и1э,
Сынолъэ1у, таурыхъ къызжы1э.
Нартыху жылэр къедгъэлауэ,
Тхъэуэ-псэууэ дыкъэнэжауэ.


КХЪУ
Л


ЛЪ

Анэ п1алъэу, сабий1ыгъхэ!

Анэ п1алъэу, сабий1ыгъхэ!
Махуэ уэф1у зи бзэ 1эф1!
Мамыр дыгъэу, сабий1ыгъхэ!
Тхьэм и л1ык1уэу зи псэ 1эф1!

Сабий1ыгъхэм фи псэ къабзэм,
Щ1ы хъуреягъыр къегъэнэху!
Фи махуэщ1ыр яф1эф1ыбзэу,
Ц1ык1ухэр къофэхэ УДЖ ПЭХУ!

Ущияк1уэ! Сабий1ыгъхэ!
Япэ гъуэгур тхухэзыш!
Сабийгъуэр тхуэзгъэдахэ,
Жьыщхьэмахуэ Тхьэм фытхуищ1!

Анэ п1алъэу, сабий1ыгъхэ!
Ди гугъап1э! Чэнджэщэгъу!
Щ1эныгъэф1хэр тхуэзгъэлъап1э-
Сабий плъап1э! Ныбжьэгъу пэж!

Л1


М

Мамырыгъэ

Щы1э анэм нэхърэ гуапэ?
«Мамэ» псалъэр псом нэхъ 1эф1щ.
Щы1э уафэм нэхърэ лъап1э?
Мамырыгъэр псом нэхъыф1щ!

Мамыр уафэр, мамыр тафэр,
Мамырыгъэр дэ тхъумэнщ.
Лъэпкъ дамыгъэу нып удзыфэр,
Щ1эблэм лъагэу ды1этынщ!

Дегугъупэу, дыхуэсакъыу,
«Мамэ» псалъэр япэу дытхынщ.
Адыгагъэм, ди бзэ дахэм,
Дырибжьыф1эу дыпсэунщ.


Н

Щымы1э анэм нэхъ лъап1э!

Анэр дунейм и Тхьэпсэщ!
И бзыпхъэр хабзэ - нэмысщ.
Анэр дунейм и купсэщ!
И псалъэр лъабжьэ-дыгъэпсщ.

Анэм и нит1ыр вагъуэщ!
Жэщ к1ыф1ыр къыпхуигъэблэнщ.
Ар чэнджэщэгъу-губзыгъэщ,
Псэм дарий щабэ хуэхъунщ!

Анэр дунейм и дыгъэщ!
Дигъэщ1эращ1эу къытхуопс.
Анэр дунейм и мазэщ!
И псалъэр гущ1эм къыщопс.

Щымы1э анэм нэхъ лъап1э,
Дахагъэу щы1эм я лейщ!
Анэр мы ди псэм хуэдэщ,
Тхуегъэщ1эращ1э дунейр!

О

Уэсыр къосыр, ену къосыр...

Уэсыр къосыр, ену къосыр,
Сщохъур уэсыр имыухын.
Уэс Нанэшхуэ зэдэтщ1ыну –
Мурад  дощ1 зытедгъэун.

Уэсым хуэдэу ди гур къабзэщ,
Дыгъэр лыду уэгум изщ.
Щхьэ матэшхуэу, нэ ф1ыц1абзэу,
Дыухуащ Уэс Нанэ йн.

Нэф1эгуф1эу, щабэу, гуапэу,
Уэсыр жьыбгъэм кърепхъэх!
Лъэгу лъэрыжэ, к1атэу, лъатэу,
Тщыгъщи, джабэм дыкъожэх!

Си шыпхъу ц1ык1ум и куэщI ису,
Хьэв шыр ц1ык1ур къытхукъоплъ.
Гуф1э нэк1ур нит1ым щ1эзу,
Уэс 1увышхуэм дыпхыроплъ.

Уэсыр къосыр, ину къосыр,
Цы1эрылъхьэу щ1ым зешэщ1.
Щхьэмыгъазэу уэсыр къосыр,
Хуохъур тафэм ар 1элъэщ1!

П

Сыту лъагъугъуаф1э мы ди папэ...

Сыту лъагъугъуаф1э мы ди Папэ,
Щы1эу п1эрэ ар зигу иримыхь?!
Зэхэпхамэ зэ абы и жьабзэр,
Зы дакъикъи, зэи, уигу имыху!

Адэ лъагъуныгъэм и бзэр дахэщ,
Сабий ц1ык1ухэм псоми зэхащ1ык1.
Къочэнджэщмэ, ар зэ мыхъуми-гуапэщ,
Гъатхэ уэшхыу гущ1эм ар къо1ук1.

Адэ лъап1э, пхъашэу щытми уи 1эр,
Дыгъэ бзийуэ укъыстолъэщ1ыхь.
Уогъэхуабэ уаем я нэхъ щ1ы1эр,
Жэщым я нэхъ к1ыф1ыр уощ1 гурыхь.

Къытщхьэщытщи уэ уи лъагъуныгъэр,
Сабийгъуэр дахэщ! Ар дыгъэпсщ!
Нэхущ вагъуэу, Папэ, насып щыгъэу,
Тхьэшхуэм гъащ1эр куэдрэ пхуищ1 гуф1эпс!


П1

Дадэ дыщэ! Нанэ IэфI!

Сыт нэхъ лъапIэ сэ си нанэ,
Сыт нэхъ лъапIэ сэ си дадэ.
И къежьапIэхэщ си адэм,
Я къежьапIэхэщ си анэм.

Дадэ дыщэ! Нанэ IэфI!
Дунейм теткъым фэр нэхъыфI!

Р

Гуащэнабдзэ

Гуащэнабдзэ банэ хэтми,
Удз гъэгъащ - лей зэримыхьэ.
Къыпхэуамэ – зехъумэжыр,
Гуащэнабдзэ зым щымыхьэ.

Хьэцыбанэщ, розэ пагэщ,
Гуащэнабдзэ - ущымыхьэ.
Гуащэщхьэцри - ари дахэщ,
Ауэ розэм к1эщ1эмыхьэ.

*Гуащэнабдзэ - роза
*Гуащэщхьэц - гладиолус


Къэщ1эрейхэр

Къещ1ыр ребус Рэмэзан,
Ар 1ущыцэщ - мызэран.
Ф1эф1щ кроссвордхэр Резуан,
Къак1эрыхукъым Темыркъан.

Умар ц1ык1уи к1эрыувауэ,
Чайнвордхэр къыретхэк1.
Къэщ1эрейхэр зэхуэсауэ,
Зэхьэзэхуэ иращ1эк1.

Ребус к1ыхьхэр, есэп гугъухэр,
Кроссворд хьэлъэхэр къащ1ыф.
Къуажыхь ц1ык1ухэр, чайнвордхэр,
Гугъу демыхьу къац1ыхуф.


С

Си Анэ - Уэращ си дыгъэр!

Си мамэ хуэдэщ си нит1ым,
Ар ф1ыщэ 1ейуэ солъагъу.
Си мамэ хуэдэщ мы си псэм,
Сыт щыгъуи си чэнджэщэгъущ.

Си мамэ дахэ, уешамэ,
Сэ пхуэзгъэувынущ шэнтжьей.
Си мамэ, уэ уи макъамэр,
Дэхагък1э ещхьщ сэтэней.

Си Анэ - Уэращ си дыгъэр!
Уэр хуэдэ щымы1э дунейм!
Пхуэсщ1ынущ вагъуэбэр тыгъэ,
Нэхъ дахэ псом уралейщ

/////

Джэду

Джэдум жэмыхъуэр ещ1 ауан:
«Жэмыши, 1эхъуи ирежан,
Шатащхьэ сщыщ1эм, сэ си Іуэхущ,
И куэщ1ым Нанэ сэ сисыху».


Т

ТI

Т1ут1э ц1ык1у

Т1ут1э ц1ык1у хыхьащи ят1эм,
Щыгъыну щыгъыр еутэж.
Ят1эр вакъэм ит1эт1ащи,
Лъакъуэф1элъхьэм хуэмейж. 

-Т1ут1э ц1ык1у, къыхэк1 псы-ят1эм,
 Хьэрэм хуэдэу зыбоутэж,-
 Же1э Фэт1имэт, мэхъущ1э,
-Уи сурэтыр умыц1ыхуж.

Т1ыуэ Т1ут1э ц1ык1у зырет1э,
Хьэшырт1ат1эр и щхьэм нос.
-Сху*ей сэ ят1э къыспыт1эт1мэ?
Езы ят1эр дэни нос.

Сызек1уамэ - сыт си лажьэр?
Уэшх нэужьым сэ сотхъэж!
Сыхэтащ, сыутащ псы - ят1эр, 
Мис иджы сыкъыхэфхыж!


У

Щ1ы1э дадэм и уэрэд
под музыку Матушка-земля...

Щ1ы1э Дадэм дыжьыныфэу псей удзыфэ къытхуихьащ.
Зэщ1эц1ыуэу и джэдыгур Илъэсыщ1эм гъуэгу хишащ.
И шы 1эжьэр уафэм носри кърегъэсыр куэду уэс,
Еш имыщ1эу къытхуигуэшу, саугъэтхэр къэпым изщ!

Ежьу:
Дыжьыныфэщ псейр,
Таурыхъ защ1эу ар гъэнщ1ащ,
Гуф1эгуэшу псом я лейщ,
Илъэсыщ1эм дыпежьащ.

Ф
Здесь поставить фото Радика со стихи ру
С этих стихов в осн.странице

Инжыдж псыхъуэ,
Псыхъуэ дыщэ!
Хъэрбыз щ1ы1э,
Щ1ы1э мыл.
Инжыдж псыхъуэ,
Псыхъуэ фо!
Хъэрбыз щ1ы1э,
Хъэрбыз фо.


Ф1

Инжыдж псыхъуэ

Дыгъэ бзийхэр щоIущащэ,
Инжыдж псыхъуэу Хэку дахащэм.
И толъкъунхэр къуршыпс IэфIщ,
Жэнэт тафэу дуней уэфIщ.

Х

Адыгэ жьэгу

Адыгэ 1энэм шхынхэр щызэблахыр,
Адыгэ пшынэм гупыр егъэчэф.
Л1ыхъужь уэрэдхэм л1ыгъэр щагъэятэу,
Джэгуак1уэм япэ удж ирешэжьэф.


ХУ
ХЬ


ХЪ


Щ1ымахуэ таурыхъ
7ш 7
Уэсыр куэду къытхуесатэм,
1эжьэ ц1ык1ур къетшэжьэнт.
Щ1ы1э Дадэм ар ищ1атэм,
Ар тхуэхъунут щ1эгъэкъуэн.

Ди гупсысэм и 1эф1агъыр,
Уэс Тхьэмадэм зэхихащ.
Таурыхъ гущэу и мэз щ1агъым,
Шыгу 1эжьэшхуэр къыщ1ихуащ...

Уэсыр кууэ къригъэсу,
Псей удзыфэр къытхуихьащ.
Насып кууэ къыдипэсу,
Хэти ар къыдэхъуэхъуащ.

Илъэсыщ1эм и нысащ1эу,
Псей удзыфэр къыдофыхь.
Саугъэту 1эрымыщ1хэм,
Я дахагъыр къыдоплъыхь.

Уэсыр кууэ къригъэсу,
Щ1ы1э Дадэр къытхуэк1уащ.
Саугъэтхэр къытхуигуэшу,
Таурыхъ дахэм дыхишащ.

/////
Хъарбыз, хъэуан 1эф1

Хъарбызышхуэ къэдгъэкIащ,
Папэ хъэуан къытхуихьащ.
Сыхъэр къыдех убзытахэм,
Хъарбыз IэфIхэм дыхэтхъыкIахэщ!


ХЪУ


Ц

Адыгэ, къэщтэж уи цейр!

Фащэр йозэгъыр зыщыгъым!
Фащэр зезыхьэм ейщ!
Фащэр хуэфащэщ зылъытэм!
Адыгэ, къэщтэж уи Цейр!

Къэщтэж уи фащэ дэхащэр,
Уи лъэхъстэн лъейр къэ1этыж.
Л1ы нэс дамыгъэ дэхащэу,
Адыгэ, уи цейр щыт1эгъэж!

Фащэм и тхыдэр гъуэзэджэщ!
Фащэр адэшхуэ щ1эинщ!
Гушхуэныгъэ къытхелъхьэ!
Ц1ыху теплъэр дахэу ехъуэж!

Ящыгъми къэзакъи, нэгъуеи,
Щыпкъагък1э и ц1эм де1эт.
Лъэхъэнэ къэс ягъэщ1агъуэу,
Зэрыкавказу е1эт.

Фащэр йозэгъыр зыщыгъым!
Фащэр зезыхьэм ейщ!
Фащэр хуэфащэщ зылъытэм!
Адыгэ, къэщтэж уи Цейр


Ц1


Ч

Анэу щы1эр Тхьэм фытхуигъэпсэу!

Мамэ, щы1экъым уэ хуэдэ дахэ,
Дунейм теткъым уэ хуэдэ бэшэч.
Быным удителъхьэщ  угумахэу,
Уэ уи жьауэм къытедмыхьэ шэч.

Уи гуэпагъэр, мамэ, ди лъэнк1ап1эу,
Уузыншэу куэдрэ уэ тхуэпсэу!
Анэм и быдзышэр хэтк1и лъап1эщ,
Анэу щы1эр Тхьэм фытхуигъэпсэу!


Ш
Щ


Щ1

Щ1ымахуэ пщэдджыжь

Дыгъэр ф1ыгъуэк1э гъэнщ1ауэ,
Нэхущ тхъуэплъу къытпежьащ.
Джэдыгу хужь зыщит1эгъауэ,
Пыгуф1ык1ыу къыт1ущ1ащ!

Дэнк1э уплъэми хужьыбзэщ,
Дыгъэ бзийхэр уи псэм ф1эф1щ!
Уэсу къесым и гуак1уагъыр,
Нэм щоджэгур, щ1ым ф1э1эф1щ.

Щ1ымахуэпэм хешыр лъагъуэ,
Къимыгъанэ уэсым лъэк1,
Дыгъэгъазэр къытхуоблагъэ,
Таурыхъ дахэ дигу къегъэк1!

Мэз щхьэщыгуми, губгъуэ лъэгуми,
Ушэсыну уэс къыщос!
Алэрыбгъуу телъщ бжэ1упэм,
Упщ1э хужьу уафэм нос!

Зэщ1эц1ыуэу псыщхьэ гъуджэм,
Иф1эщыпэу зыкърех.
Зэрык1ауэ зегъэщ1агъуэ,
Уэсу къесым нур къыпех.

Дыгъэр ф1ыгъуэк1э гъэнщ1ауэ,
Нэхущ тхъуэплъу къытпежьащ.
Джэдыгу хужь зыщит1эгъауэ,
Пыгуф1ык1ыу къыт1ущ1ащ!



Ы

Джэджьей ц1ык1у

Джэджьей ц1ык1у къытхурашащ,
Пщ1ант1эм ар къыдэлъэдащ.
Адакъэжьым зегъэфаф1э,
Джэд къуртыжьым къещ1ыр къафэ.

Нанэ маджэ: Цип – цип – цип.
Къуртыр къожэ: Къурт - къурт – къурт.
Ди бжэ1упэр зэрызохьэ,
Фщ1эрэ, нобэ ди1эщ хэхъуэ!

Адакъэжьым зегъэфаф1э,
Джэд къуртыжьым къещ1ыр къафэ.
Джэджьей ц1ык1у къытхурашащ,
Сэ а ц1ык1ум 1э дэслъащ.

Э
Ю



Я

Япэ уэс

Япэ уэсыр нобэ къос,
Япэу уафэр къифыхьащ.
Япэ уэсыр нобэ къос,
Ят1эпс бжьэпэр хужь ищ1ащ.

Ягъэф1ауэ си шыпхъу ц1ык1ур,
Псом я лейуэ Ялей ц1ык1ущ.
Яслъэм Ялей яхуэмык1уэ,
Ябгэу псори зэдегъак1уэ.

Унэм Ялей тхущ1эмыс -
Гуф1эу исщ пхъэ 1эжьэм, мес.   
Ялей ц1ык1у къохъуапсэ жылэр,
Яслъэм ешэ Дадэ 1эжьэр.

Япэ уэсыр нобэ къос,
Фщ1эра, уэсыр дэни нос.
Яжьэ 1уащхьэм уэсыр нос,
Яслъэ пщ1ант1эми къыщос.

///
Къупщхьэншэу къок1 къэбыр,
Бжэгъу щхьэпэр и к1уап1эщ.
Ягъавэ-ягъажьэ,
И тхьэмпэр жьэуап1эщ.





Уэс Тхьэмадэу Щ1ы1э Дадэ

Щ1ы1э Дадэ, Щ1ы1э Дадэ,
Къыддэуджу жьак1эху задэ.
Жа1э уэ у-Уэс Тхьэмадэу!
Саугъэтхэми хэбгъадэу!

Щ1ы1э Дадэ, Щ1ы1э Дадэ,
Таурыхъ бзум ухузогъадэ!
Угуф1эжу уакъыхэплъэу,
Къофэ ц1ык1ухэр удж зэщ1эплъэу.

Дадэу щы1эм я Тхьэмадэу,
Щ1ы1э Дадэу, Жьак1эху Дадэ!
Уемы1эбу 1эди-уади,
Боузэдыф лъэмыжхэр задэу.

Щ1ы1э Дадэ, Щ1ы1э Дадэ,
Дыкъыздэгъафэ лъапэрисэ!
Дипхъуэтауэ жьы джэрэзым,
Дырик1уэнщ сэжьей маисэм.

Щ1ы1э Дадэ, Щ1ы1э Дадэ,
Угъурлыуэ жьак1эху задэ!
Зэщ1эц1ыуэу псей удзыфэр!
Илъэсыщ1э тохьэ тафэр!




Перевод песни
Дарите женщинам цветы
Автор... дописать

Бзылъхугъэм яти удз гъэгъа,
Гъэгуф1э ахэр щхьэусыгъуэншэу.
Куэд ху*ейкъым псапэ щ1эным -
Я гур къэпхьэхуным.
Уэ яхуэгуэши удз гъэгъа,
Гъэхуабэ я псэр щхьэусыгъуэншэу.
Куэд ху*ейкъым бгъэгуф1эным-               
Насыпыф1э пщ1ыным.

Тыгъэ фхуэсщ1ынущ къэлэрдэгу(Ландыши)
Фхуэзгуэшынщ кърухугу(Незабудка)
Си псэм хуэзгъадэу а1уудз(Лилии)
Плъыжьхэуи, щхъуант1эуи - зэхэвмыдз.
Тыгъэ фхузощ1 ажэгъумэ(Подснежник),
Гуащэнабдзэу  Хьэцыбанэ(Роза).
Тыгъэ фхуэсщ1ынущ удз гъэгъа-      
Гуащэщхьэц(Гладиолус), Епэрудз(Ночная фиалка), 1ущхьэ удз(Мак)

Бзылъхугъэм яти удз гъэгъа,
Гъэгуф1э ахэр щхьэусыгъуэншэу.
Куэд ху*ейкъым гуапэ пщ1эным -
Насыпыф1э хъуным.
Уэ яхуэгуэши удз гъэгъа,
Гъэгуф1э ахэр щхьэусыгъуэншэу.
1эпл1ак1уэ удз гъэгъакъэ -
Л1ы нэхъ гуейм я тыгъэр!

Тыгъэ пхуэсщ1ынущ жэнэтжыг(Сирень)
Дадийщхьэху(Ромашка), бжэнтхьэпэху(Василёк)
Къок1 ди губгъуэшхуэм сэтэней(Лабазник),
Къыфхуэспщ1ынщ, фхуэзгуэшынщ.
Тыгъэ пхуэсщ1ынущ напэлэ(Пионы)
Семыблэжу(сщымысхьыжу), псэ хьэлэлу.
Тыгъэ пхуэсщ1ынущ гуащэ1упэ(Кольник),
Щхьэусыгъуэншэу гъэгъагъэшхуэ(Георгина).


* Къэлэрдэгу - Ландыш
* Кърухугу – Незабудка
* А1уудз - Лилии)
* Ажэгъумэ- Подснежник
* Гуащэнабдзэ. Хьэцыбанэ,  - Роза
* Гуащэщхьэц - Гладиолус
* Епэрудз - Ночная фиалка
* 1ущхьэ - Мак
* Жэнэтжыг,Мэжджытжыг - Сирень
* Дадийщхьэху - Ромашка
* Бжэнтхьэпэху - Василёк
* Сэтэней – Лабазник
* Напэлэ - Пионы
* Гуащэ1упэ - Кольник
* Гъэгъагъэшхуэ – Георгина
 

В САМОМ КОНЦЕ АЛФАВИТА

Жаlэ адыгэм - Уей! Уей!

Дыгъэпсыр узыншэу къытхэпсэу,
Мазэщ1э ц1ык1ур къыттепсэу,
Гъатхэпэу, щынэхэр щыщмэ -
Жаlэ Адыгэм, - «Уей! Уей!»

Дунейр мамыру, дыбжьыф1эу,
Зауэ-банэ дымыщ1эу,
Унэщ1ыхьэ хъуэхъубжьэм-
Щыжаlэ Адыгэм, - «Уей! Уей!»

Унэу ящ1ари уардэжьу,
Выжь ук1ып1э унап1эу,
Ик1ым къырихьэу-къыринэм-
Жаlэ Адыгэм, - «Уей! Уей!»

Борэм хуэдэу Iумахуэу,
Пхъэм и махуэр я бжаблэу,
Лым и пшэрыр я шхыгъуэм-
Жаlэ Адыгэм, - «Уей! Уей!»

Хъуни шхыни щымыщIэу,
ЗыщыщIэ щ1агъуи щымыIэу,
Гъэмин гъащIэ къагъащ1эм-
Жаlэ Адыгэм, - «Уей! Уей!»

Я хъугъуэф1ыгъуэхэр багъуэу,
Бэгъуахэм псапэр хащIыкIыу,
Гъэ мыщIхэм  щыхэмыкIуадэм-
Жаlэ Адыгэм, - «Уей! Уей!»

ЩIы бэвым уэшхыр къыхэшхэу,
Бэвым и хуабэр щытепсэу,
Трасэ жылэр щыбагъуэм-
Жаlэ Адыгэм, - «Уей! Уей!»

Вабдзэм и махуэр щIагъалъэу,
ЩIылъэм и хуабэр щыхыхьэу,
Бэвым и щIыпIэм щытехьэм-
Жаlэ Адыгэм, - «Уей! Уей!»

Ажэ жьакIэхухэр уфафэу,
Зы ху напIэм ху*итI исрэ,
Iэтэ щийр зы хьэсэм-
Жаlэ Адыгэм, - «Уей! Уей!»

Унагъуэ гуэнхэр пщIырыпщIу,
Псапэ-гуапэ иращIэу,
Вы хужьыжьхэр бжьэ фIыцIэм-
Жаlэ Адыгэм, - «Уей! Уей!»

Ди Тхьэшхуэм псынщ1э къыттри1уэу,
Три1уатэр 1э ижьк1э щаублэу,
Сэмэгук1э 1уэхуф1хэр щаухым -
Жыдо1э Адыгэм, - «Уей! Уей!»

Продолжить ПЕРЕВОДАМИ
ДЕТСКИХ СТИХОТВОРЕНИЙ
МАРШАКА, БАРТО и тд


Рецензии
Хорошо бы сделать подстрочный перевод.
А это 1 какая буква?

Галина Юрьевна Семёнова   26.01.2026 19:42     Заявить о нарушении