Щ1ымахуэ пщэдджыжь

Дыгъэр ф1ыгъуэк1э гъэнщ1ауэ,
Нэхущ тхъуэплъу къытпежьащ.
Джэдыгу хужь зыщит1эгъауэ,
Пыгуф1ык1ыу къыт1ущ1ащ!

Дэнк1э уплъэми хужьыбзэщ,
Дыгъэ бзийхэр уи псэм ф1эф1щ!
Уэсу къесым и гуак1уагъыр,
Нэм щоджэгур, щ1ым ф1э1эф1щ.

Щ1ымахуэпэм хешыр лъагъуэ,
Къимыгъанэ уэсым лъэк1,
Дыгъэгъазэр къытхуоблагъэ,
Таурыхъ дахэ дигу къегъэк1!

Мэз щхьэщыгуми, губгъуэ лъэгуми,
Ушэсыну уэс къыщос!
Алэрыбгъуу телъщ бжэ1упэм,
Упщ1э хужьу уафэм нос!

Зэщ1эц1ыуэу псыщхьэ гъуджэм,
Иф1эщыпэу зыкърех.
Зэрык1ауэ зегъэщ1агъуэ,
Уэсу къесым нур къыпех.

Дыгъэр ф1ыгъуэк1э гъэнщ1ауэ,
Нэхущ тхъуэплъу къытпежьащ.
Джэдыгу хужь зыщит1эгъауэ,
Пыгуф1ык1ыу къыт1ущ1ащ!

@Гъуэщокъуэ-Жумай Мадинэ


Рецензии