Хэку зауэшхуэ

Хэку зауэшхуэ ажалзехьэ уайем,
Гущ1эгъуншэу и нэхъуейр къик1ат.
Мылъку хэк1ып1эм щхьэ куц1 иуф1ыц1ахэм,   
Дэни я 1э ф1ыц1эр лъэ1эсат. 

Зэрипхъуащи, дунейр мэхъур фагъуэ,
Лъы игъажэм фалъэк1э йо1уб.
Сыт я лажьэр гущэхэлъ сабийхэм?
Гу1э макъхэр къо1ур - Щ1ыр мэлыб.
               
Лъэпкъыу Хэкум исхэм зыкъа1этхэ.
Л1ыгъэр я дамыгъэщ – Къимык1уэт!
Пэщ1оувэ фашист хьэ1уцыдзхэм,
Зэрыпхъуак1уэм чы лъэпкъ драмыгъэдз.

Ди сэлэт хэкул1хэм я нэхъыбэр,
Мэзхэм, губгъуэ лъахэхэм къинащ.
Хэку зауэшхуэ уайем хъыбарыншэу,
Щ1ы ф1ыц1эжьыр пасэу я1ухуащ.

Адэжь лъахэм л1ыхъужьхэр хуэпэжхэу,
Лъэужь мык1уэдыжхэр къагъэнащ.
Л1ыгъэ щ1ап1э хэкул1 имык1уадэ,
Къыу хужь вагъуэ-лъагъуэу зэщ1эблащ.

Нобэ догъэбжьыф1э Тек1уэныгъэр!
Махуэу щы1эм псом нэхърэ нэхъ лейщ!
Куэд и уасэщ мамыр Ху*итыныгъэр,
Хэти дгъэлъэп1эн сыт щыгъуи ху*ейщ!

@Гъуэщокъуэ-Жумай Мадинэ


Рецензии