Щ1алэгъуэр хуэмурэ т1эщ1ок1...
Зыкъы1эщ1эдудмэ тф1эф1у жьыгъэм,
Дзыхь къытхуимыщ1у, щ1этщ ди нэгу,
Т1эк1у пыгуф1ык1ыу йоуэр lэгу.
Ди щхьэфэр уэсу тхъугъэ хужьу,
А жьыбгъэм ди гур щыпсэхужми,
Щ1эщыгъуэр йок1, зэманыр блок1,
Щ1алэгъуэр хуэмурэ т1эщ1ок1…
@Гъуэщокъуэ-Жумай Мадинэ
Свидетельство о публикации №125111206299