перевод с балкарского на кабардинский. Узденова Же

Судьба( Тхьэм ди нат1эм къыритхар)
Мэхъу балигъ сабийхэр, дыхъукъым дэ нэхъ щ1алэ,
Жьыбгъэм здихьым хуэдэу, гъэхэри блолъэт.
Къедгъэгъэзэжыну ар хъуапсап1э тщ1ами,
1эмал худимы1э, къару хуэдмыгъуэт.

Къытф1ощ1 ди щ1алэгъуэм ди т1о пк1эгъуэу гъащ1эр,
Щ1ылъэ псом темыту тхузэф1эмык1ын.
Дунейм дырытепщэу псэм щыдгъэщ1эращ1э
Хъунк1э хъунщ ди гугъэхэр джэршу лъалъэжын...

Япэ лъагъуныгъэм къыригъэгъэзауэ,
Уэ зы ц1ыху нэхъ мыхъуми, жы1эт, ухуэза?
Зэгуэрым зэманыр къигъэувы1эфауэ,
Плъэгъуа гухэлъ 1эф1хэм зэ хыхьэжыфа?!

Дохьыр дэ ди гъащ1эр 1уэхум дыхэт защ1эу,
Допсэу, ди ф1эщ мыхъуу жьы дызэрыхъуар.
Ди гум куэд йожал1э, дыхуоплъэж гумащ1эу,
Ди щхьэ къэтлъыхъуэжу бынхэм яхэтлъхьам.

Хэтщ гупсысэм ди псэр,куэд зэрегъэзахуэ,
Сыту мащ1э гъащ1эм щытхузэф1эк1ар...
Док1уей хуэму уафэм гукъэк1ыжхэр сахуэу,
Къытлъысынщ ди нат1эм Тхьэшхуэм къыритхар...


Рецензии