Псэм и пшыналъэ псыгъуабзэр
Щы1эщ,псэм и пшыналъэ псыгъуабзэ,
К1э асыхьэту къыхуэк1уэу!
Мынэрылъагъуу,зыгуэрым, щэхубзэу
1ыхьэ ещ1ыфыр ц1ык1у-ц1ык1уу
Нэрыплъ и къуаншагъэми ***1эу…
Зыпысчар зы фщ1ыжынуэ гугъу!
Гъатхэм нэхъ дахэ щымы1э
И пшыналъэм сеуэнт,сф1эмыгугъу,
Къисшынут макъамэр,жыжьэ нэзгъэсу
Дек1ужу мэлыжьыхь макъхэм,
Тщыгъупщэжауэ уэрэд тхуаусар
Дунейм гухэщтыншэуэ тетхэм!
Ерагък1э хьэзыр дэ дыщыхъум
Жэщ ныкъуэ жейм дыхыхьэну,
Псэм и пшыналъэр къыпщохъур
Гъуэгыу,1ыхьэ-1ыхьэ хъужыну!
Свидетельство о публикации №125082206119
Андрей Шурыгин 22.08.2025 19:40 Заявить о нарушении