Усэ-Ди гуапэу фыкъыдогъэблагъэхэ, ди хьэщ1э лъап1э
Мазэщ1э ц1ык1ур къыфтепсэу,
Гъатхэпэу, щынэхэр щыщу -
Ди КЪУЭШХЭ, Тхьэм фигъэпсэу!
Дунейр мамыру, фыбжьыф1эу,
Зауэ-банэ фымыщ1эу,
Унэщ1ыхьэ хъуэхъубжьэр,
Тхьэм фхуигъэбатэу фыпсэу!
Борэм хуэдэу Iумахуэу,
Пхъэм и махуэр фи бжаблэу,
Лым и пшэрыр фи шхыгъуэу-
Ди ДЭЛЪХУХЭ, Тхьэм фигъэпсэу!
Хъуни шхыни фщымыщIэу,
ФызыщыщIэ щ1агъуи щымыIэу,
Гъэмин гъащIэ къэвгъащ1эу-
Фытхъэжхэу Тхьэм фигъэпсэу!
ЩIы бэвым уэшхыр фхухэшхэу,
Бэвым и хуабэр фхутепсэу,
Тефса жылэр фхуэбагъуэу-
Ди ХЬЭЩ1ЭХЭР, Тхьэм фигъэпсэу!
Ди Тхьэшхуэм псынщ1э къыфтри1уэу,
Фхуи1уатэр 1э ижьк1э щывублэу,
Сэмэгук1э 1уэхуф1хэр щывухыу -
Ди ХЬЭЩ1Э лъап1э, ФЫПСЭУ!
@М.Х.Гошокова-Джумаева.
Свидетельство о публикации №125061905080