Предисл. на черк. - Тхылъым ущызыгъэгъуазэ
«Бзэ лъэмыж бзэрабзэ» усэ тхылъым усакIуэр пэщIэдзэ классхэм щеджэ цIыкIухэм я бзэм зегъэужьын Iуэхугъуэм хьэлэмэту бгъэдохьэ. Сабийхэр щыгъуазэ ещI ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэм къадэгъуэгурыкIуа хабзэ гъуэзэджэхэм. Адыгэбзэм удырегъэхьэх, уемызэшыжу урипсалъэну ухуейуэ уещI. УсэхэмкIэ цIыкIухэм йоущий, нэхъыжьхэм хуэфащэ пщIэ хуащIыфу. Сабий тхылъ цIыкIум мыхьэнэшхуэ яIэщ щIэблэр гъэсэнымкIэ. Лъэпкъым и гупсысэхэр, и дуней еплъыкIэр, и акъылыр наIуэу къыхощ псалъэжьхэм. Усэ цIыкIухэр Iуэхугъуэ куэдым епхами, абы я къэлъэн нэхъыщхьэр зыщ - адыгэбзэмрэ гъэсэныгъэмрэщ.
Усэ тхылъыр тегъэпсыхьащ нану шырхэм. Япэ дыдэ плъыфэхэм нэIуасэ усэбзэкIэ яхуещI усакIуэм. Iэпхъуамбэрыбжэ джэгукIэкIэ егъабжэ. Нанухэм усэбзэкIэ я гур къехьэху.
Сборникым къыщыгъэлъэгъуа усэ гъуэзэджэхэр къэбгъэсэбэпурэ сабийхэм ябгъэщIэфынущ бзухэм, псэущхьэхэм, къэкIыгъэхэм я цIэхэр адыгэбзэкIэ. Тхылъыр сабий садым, пэщIэдзэ классым щылажьэ егъэджакIуэхэмкIэ хуабжьу сэбэпышхуэщ. Адыгэбзэр джыным, хъумэным, зегъэужьыным ехьэлIа Iуэхугъуэ дахэщ сабий усэ сборникыр, икIи анэдэлъхубзэр егъэфIэкIуэным теухуауэ псалъэмакъ дахэ къыщхьэщоIукI.
Свидетельство о публикации №125052404568