Адыгэ пщащэ-нысэгъаф1э

Адыгэ пщащэ. Адыгэ пщащэ.
Къохьэ утыкум адыгэ пщащэр.
Гугъэм и нэхуу, адыгэ пщащэ.
Дахэу къыщощыр адыгэ фащэр.

Зи 1эпэ дыщэу, адыгэ пщащэ!
Дунейм тет пщащэхэм я нэхъ дэхащэ.
Шылэр зи тепхъуэ, адыгэ пщащэ!
Щынэ 1эрып1у уэ уо1ущащэ.

Пц1ащхъуэк1э набдзэу уи плъэк1э дахэм,
Л1ым я нэхъ тк1ийри гуапэ ещ1ыж.
Уи нэшхуэ дахэу нэбжьыц к1ыхьышхуэхэм,
Сыхъэр къыщ1ихыу дыгъэ лъэмыжщ.

Къэфэну къохьэ - лъэпкъым и пхъу дыщэ!
Бгырыпх дыжьыну бгы псыгъуэ пщащэ!
И 1эблэ есхэр дамэ дэхащэщ,
Хуэдэщ таурыхъым адыгэ фащэр.

Лъэбакъуэ щабэхэр ещхьщ зэтеж щыгъэм,
Зигъэджэрэзмэ – хуэдэщ ар дыгъэм.
Инжыдж къуршыпсыр, лъахэр зи гущ1э,
Тхьэрыкъуэпщэхуу лъэпкъ вагъуэ мыщ1э!

Пхъэ вакъэ тетщи къофэ "Уэркъ къафэ",
1эры1ыгъ шылэщ.  Бгы псыгъуэ гуащэ!
Дыгъэ пэлъытэу, адыгэ пщащэ!
Къыпщощ дэхащэу адыгэ фащэр!

06.02.2025гъ.
@Гъуэщокъуэ-Жумай Мадинэ


НЫСЭГЪАФ1Э

Нысащ1э дахэу - адыгэ пщащэ,
Бгырыпх дыжьыну бгы псыгъуэ гуащэ!
Шылэр зи тепхъуэ, хабзэр зи гъащ1э,
Ди лъэпкъ нагъыщэу адыгэ фащэ.

Зэнзэныпс къабзэу - адыгэ пщащэ!
Дунейм тет пщащэхэм я нэхъ дэхащэ!
Зи щхьэцыгъуэшхуэхэр бгым едзыха,
Дыжьын дыщэпсхэри зыхаухуэна.

1купл.

Пц1ащхъуэк1э набдзэу зи плъэк1э дахэ,
Щабэурэ зек1уэу – уэркъ пщащэ уардэ.
Нэбжьыц к1ыхьышхуэ, нэ ф1ыц1э п1ащэ.
Дыщэ-дыжьыну бгъэ1улъ щ1эращ1э!

2купл.

Утыкум къохьэ лъэпкъым и пхъу дыщэ,
Тхьэрыкъуэ пщэхуу лъэпкъ вагъуэ мыщ1э.
Лъэбакъуэ щабэхэр ещхьщ зэтеж щыгъэм,
Зигъэджэрэзмэ – хуэдэщ ар дыгъэм.

@Гъуэщокъуэ-Жумай Мадинэ

Дыгъэ пэлъытэу, зи 1эпэ дыщэ!               
Къыпщощ дэхащэу адыгэ фащэр!             


Рецензии