Шыр хуэдэкъым шыдым...

Псы шэдым ухешэ,
Игъусэм шыр шыдым.
Шыд хьэлыр зыхешэ,
Шыр хуэдэ мэхъу шыдым.

@Гъуэщокъуэ Мадинэ

ПСАЛЪЭЖЬ:
Шхын Iей щыIэкъым, ныбэ Iей мыхъумэ.
Шыгъу зышхар псы йофэж.
Шынэ здэщымыIэм укIыти щыIэкъым.
ШыгъупIастэм уемылъэпауэ.
Шым епсыхыу шыдым шэскъым.
Шэм исыр шхум йопщэ.
Шы зиIэр къанэри, уанэ зиIэр кIуащ.
Шэс псори шукъым.
ЩIы пшэр и хьэдзи пшэрщ.


Рецензии