ФIарий - Подорожник

ФIарийр хущхъуэ удз лъэпкъыгъуэщ,
ФIарийтхьэпэр гъуэгухэм бейщ.
Iэщхэм фIыуэ яшх удз хущхъуэщ.
Ар фIэрафIэу тхьэпэ хъурейщ!

*ФIарий- Подорожник

ПСАЛЪЭЖЬ:
ФIым фIыщIэ пылъщ.
ФIы зыщIэ и пщIэ кIуэдкъым.
ФIыщIэр псым хэбдзэми кIуэдкъым.
ФIы зыщIэр фIы IуощIэжри, Iей зыщIэр-Iей IуощIэж.

УСЭРЫБЖЭ:

ФIыцIэ! фIыцIэ,
Къарэ-фIыцIэ!
Хьэку фIамыщIу зи фэр фIыцIэ!
Къарэ фIыцIэу,
ФIыцIэ, фIыцIэ
Узэхэлъщ кIэгъуасэ фIыцIэу!


Рецензии