Уи псалъэ сыт щыгъуи гъэзащIэ...

Уи псалъэ сыт щыгъуи гъэзащIэ,
Уи лъахэ сыт щыгъуи гъэдахэ.
Уи адэ къыбжиIэ гъэзащIэ,
Уи анэ къыбжиIэ едаIуэ.

@Гъуэщокъуэ Мадинэ


ПСАЛЪЭЖЬ:
Узыхэфэну псым ухэмыубжьытхэ.
Уи тепIэн еплъи уи лъэ укъуэдий.
УкIытэ зиIэм насып иIэщ.
Унэм зыщыгъаси хасэ яхыхьэ.
Узэгугъур къогугъуж.
Ухеймэ - улъэщщ.
Уи Iэм и пэ уи щхьэр гъэлажьэ.
Уэрэдус - пщыпсэIухщ.
Улажьэмэ лыжь пшхынщ,
умылажьэмэ лажьэ бгъуэтынщ.


Рецензии