Лъэмыж лъагэ ди псым телъщ...
Лъакъуэрыгъажэхэм дытетщ.
ЦIыкIухэр псыхъуэм дежэхащ,
Ди Лъэбыхуи къыддэжащ.
Лъэмыж дакъэм дыкъелъащ,
Псы ежэхым дыхэлъащ.
Лъэбыху япэ къесыхащ,
Псыхьэлъахуи къыхихащ.
@Гъуэщокъуэ Мадинэ
Свидетельство о публикации №124092004525
