Капитан

Хэку хъумакIуэ хъуащ СулътIан,
Джанэ кусэу капитанщ!
Лъэпкъ дэмыгъэм иригушхуэу,
Гумызагъэу щIалэ жанщ!

Дыщэ-вагъуэу нурхэдыкIхэр
Дамэтелъхэщ - Командирщ!
Адыгагъэм ирибжьыфIэу,
Гъуэгугъэлъагъуэ капитанщ!

@Гъуэщокъуэ Мадинэ

Зэрыклассу ди гуфIэгъуэщ,
Школ доскам дыIутщ, еджэгъуэщ!
Хьэрыф "К"-р доскам теттхащ,
Квадратышхуэу къэттхъыхьащ.


Рецензии