Зази Зули мэзым кIуащ...
Мэзым зэрмызей здахьащ.
Зэрыджэшхуэм щIэтIысхьащ,
Зэрмызейри зэдашхащ.
Зэ жыгышхуэ къагъуэтащ
Зэ пызыбзэу- Къыпачащ.
Зэм зэхалъхьэ, зэм зэхах,
Зы пэгуныр зэIэпах.
@Гъуэщокъуэ Мадинэ
Зэш-зэкъуэшу зэныбжьэгъухэм,
Зы защIауэ зэролъагъу.
Зэхэлъщ я псэр зэгъунэгъухэм,
Зэхуэгуапэщ, зэрыIыгъщ.
Свидетельство о публикации №124092004348