Дзыгъуэ

ЦIыкIунитIэу зы лъэмыкIми,
ТIэкIунитIи дамыгъэкIыу,
Яшхыжыф дзыгъуищэм Iыхьэр,
Кхъуей чейщхьэр къаIэрыхьэм.
 
УСЭРЫБЖЭ:
Дзыгъуэ, дзыгъуэ, дзыбэус,
ДзыгъуэгъалIэм уемыIус.
ДзапцIэр пхуэхъуми зы дзакъэгъуэ,   
ДзыгъуэтепкIэр зы дзыхь щIыгъуэщ.

ПСАЛЪЭЖЬ:
Дзэгъащтэ дзэ псо и уасэщ.
Дзыбэ дзы усщ.
Дзыгъуищэм чейщхьэр трач.
 

УСЭРЫБЖЭ:

ЩхъуантIэщ удзыр,
Удз удзыфэщ,
Гъатхэр гъагъэм тафэр елэ!
Удз удзыфэу
ЩхъуантIэ удзым,
Удзыфабзэу джабэр елэ.

                УСЭРЫБЖЭ:

                Дзасэ дзагуэм дзажэ фIэлъщ,
                Дзажэналъэр дзакIэм телъщ.
                Дзажэр дзасэ дзагуэм фIэлъщ,
                ДзакIэм дзажэналъэр телъщ.

                УСЭРЫБЖЭ:

                Дзадзу цIыкIуу дзахъэ цIыкIу,
                ДзэпэфIанэу дзащхьэ цIыкIу.
                Дзахъэ цIыкIуу дзэдзу цIыкIу,
                ДзэпэфIанэу дзащхьэ цIыкIу.

                *Дзащхьэ-Генерал

@Гъуэщокъуэ Мадинэ


Рецензии