Удз гъэгъахэр

Гуащэнабдзэ теплъэ дахэщ,               
ГуащэIэпэ - удз бэгъуащ.               
ГубгъуэIущхьэ - Iущхьэ хахуэщ,       
Гуащэщхьэцыр удз гъэгъащ.             
Гуэгушыпэр къащхъуэ-щхъуантIэщ,      
Губгъуи хади ар къыщокI.
Теплъэ дахэу гуащэIупэр,               
Тхьэмпэ захуэ-лъагэу мэкI.
Зэмыфэгъуу удз IэплIакIуэм,
Гугъэ дахэ сэ хузощI.
Си гухэлъхэр хызогъапскIэ,
Удз губгъуэшхуэр сигу имыкI!            

*Гуащэнабдзэ- Роза
*ГубгъуэIущхьэ- Мак
*Гуащэщхьэц- Гладиолус
*ГуащэIэпэ- Мята
*Гуэгушыпэ- Гиацинт
*ГуащэIупэ- Кольник

@Гъуэщокъуэ Мадинэ


Рецензии