Выгу - Вагъуэщыгъэ

Выгум выр щIэщIауэ макIуэ,
Выгум дису вакIуэ докIуэ.
Вы мыхъунухэр жэмыбжьэщ,
Выпщэм тесщ Мэжид зигъэпщу.

УСЭРЫБЖЭ-ПСАЛЪЭЖЬ:

Вы зимыIэм и шкIэр щIещIэ.
Хъунур вы - шкIэ щIыкIэ ящIэ.
Вы зимыIэм и шкIэр щIещIэ.
Хъунур вы - шкIэ щIыкIэ ящIэ.

УСЭРЫБЖЭ-ПСАЛЪЭЖЬ:

ВыфIым уеуэмэ мэувыIэ.
Вакъэжьылъэ зэш имыIэ.
ВыфIым уеуэмэ мэувыIэ.
Вакъэжьылъэ зэш имыIэ.

*Вакъэжьылъэ - бывалый человек.
______________________________
ВАГЪУЭЩЫГЪЭ

Вагъуэбэ щыгъэр зэщIоблэ уэгум,
Вагъуэзэшиблым уи псэр яхьэху.
Ищхъэрэвагъуэм игъуазэщ гъуэгухэр,
Шыхулъагъуэ вагъуэхэр бзыгъэу къонэху.


***Вагъуэщыгъэ – Южная корона
***Вагъуэбэ – Созвездие Дельфина
***Вагъуэзэшибл – Большая Медведица
***Ищхъэрэвагъуэ - Полярная Звезда
***Шыхулъагъуэ – Млечный путь

@Гъуэщокъуэ Мадинэ


Рецензии